Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 14 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Бэг уз зэфыкӀ лӀы гуэр Хьисэ зэригъэхъужар

1 Щэбэт махуэу, фарисейхэм я унафэщӀ лӀы гуэрым Хьисэ иригъэблагъэри, Ӏэнэ къыхуищтащ. ХьэщӀэхэм я нэр Абы трамыгъэкӀыу кӀэлъыплъырт.

2 ЦӀыхур зыгъэбэг уз ефыкӀыу лӀы гуэр Хьисэ и пащхьэм къиуващ.

3 Хьисэ теурэт егъэджакӀуэхэмрэ фарисейхэмрэ захуигъазэри, мыпхуэдэу еупщӀащ: – Щэбэт махуэм цӀыхур бгъэхъуж хъуну, хьэмэрэ мыхъуну? – жиӀэри.

4 Зыри жаӀэртэкъым. ЩыжамыӀэм, Хьисэ сымаджэм теӀэбэщ, игъэхъужри иутӀыпщыжащ.

5 Мыдрейхэм яжриӀащ итӀанэ: – Зыгуэрым фи къуэр е фи выр псым хэхуэмэ, асыхьэтым къыхэфхыжынукъэ, ар щэбэт махуэу щыт пэтми?

6 Зыри къыжраӀэфакъым абыхэм.


Зызыгъэлъагэм и пщӀэр ехуэхынущ, зызыгъэлъахъшэм и пщӀэр Тхьэм иӀэтынущ

7 ХьэщӀэхэм тӀысыпӀэ хэплъыхь ящӀу щилъагъум, Хьисэ абыхэм мыпхуэдэу яжриӀащ:

8 – ГуфӀэгъуэ зиӀэ гуэрым уригъэблагъэмэ, жьантӀэм умыкӀуэ, уэ нэхърэ зи пщӀэр нэхъ лъагэ гуэр кърагъэблэгъауэ къыщӀэкӀмэ,

9 уезыгъэблэгъа бысымым мыпхуэдэу къыбжиӀэнущ: «Мыр а уздэщысым деж гъэтӀысыт». Уи напэр текӀауэ ӀэнэкӀэм укъыпытӀысхьэжын хуей хъунущ абы щыгъуэ.

10 Ауэ уэ ущрагъэблагъэкӀэ, кӀуэи, Ӏэнэм и кӀэ дыдэм деж щетӀысэх, уезыгъэблэгъам мыпхуэдэу къыбжиӀэн щхьэкӀэ: «Ныбжьэгъу, мыдэ къыдэкӀуэтейт». Ӏэнэм къыбдыщыс псоми ялъагъуу уи пщӀэр лъагэ хъунущ абы щыгъуэ.

11 Аращи, зызыгъэлъагэм и пщӀэр ехуэхынущ, зызыгъэлъахъшэм и пщӀэр Тхьэм иӀэтынущ.

12 Хьисэ езыгъэблэгъа бысымым мыпхуэдэу жриӀащ итӀанэ: – Шэджагъуэм е пщыхьэщхьэм Ӏэнэ къыщыпщтэкӀэ, уи ныбжьэгъуи, уи къуэши, уи Ӏыхьлыи, уи гъунэгъу къулейхэми уемыджэ, сыту жыпӀэмэ абыхэм уэри урагъэблэгъэжынурэ яхуэпщӀар къыпхуащӀэжа хуэдэу хъунущ.

13 Ауэ уэ Ӏэнэ къыщыпщтэкӀэ, факъырэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, щӀакъуэхэр, нэфхэр егъэблагъэ.

14 Мис абы щыгъуэ гъуэгу махуэ утеуващ, абыхэм яхуэпщӀар къыпхуащӀэжыфынукъыми. Ауэ уэ Тхьэм къыпхуищӀэжынущ цӀыху щыпкъэ лӀахэр къыщытэджыжыну махуэм.


Тхьэр къыщоджэм деж жыӀэщӀэу щыт

15 Ӏэнэм къыдыщыс гуэрым ар щызэхихым, Хьисэ къыжриӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэр нахуэу къэлъэгъуа нэужь, абы къыщаӀэтыну гуфӀэгъуэм хэтынур гъуэгу махуэ теуващ.

16 – ЛӀы гуэрым Ӏэнэшхуэ къигъэуври, цӀыху куэдым еджащ, – жиӀащ Хьисэ.

17 – Ӏэнэм пэрытӀысхьэн щыхуей сыхьэтыр къыщысым, и унэӀутыр зэджахэм я деж игъакӀуэри, Ӏэнэр зэрыхьэзырыр яжрыригъэӀащ.

18 Ауэ зэгурыӀуа нэхъей псори къелъэӀужащ зэрыхуемыблэгъэфым щхьэкӀэ губгъэн яхуимыщӀыну. Зым мыпхуэдэу къиӀуэхуащ: «Сэ щӀы Ӏыхьэ къэсщэхуащи, сыкӀуэу семыплъу хъунукъым, кхъыӀэ, губгъэн къысхуумыщӀ».

19 Адрейми мыпхуэдэу къиӀуэхуащ: «ТанипщӀ къэсщэхуащи, я щытыкӀэм сеплъыну сокӀуэри, кхъыӀэ, емыкӀу къысхуумыщӀ».

20 Ещанэми мыпхуэдэу жиӀащ: «Фыз къэсшащи, сынэкӀуэфынукъым».

21 Арати, унэӀутым къигъэзэжри, къыжраӀар и тхьэмадэм хуиӀуэтэжащ. Апхуэдэу щыхъум, Ӏэнэ къызэтезыгъэувар къэгубжьри, и унэӀутым жриӀащ: «Къалэм и уэрамышхуэхэми уэрам зэвхэми псынщӀэу ирикӀуи, факъырэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, нэфхэр, щӀакъуэхэр си унэ къишэ».

22 УнэӀутым къыщигъэзэжым, и тхьэмадэм жриӀащ: «Зи щӀыхьыр ин, уи унафэр згъэзэщӀащ, ауэ иджыри тӀысыпӀэ нэщӀ Ӏэнэм иӀэщ».

23 Тхьэмадэм унэӀутым жреӀэ абы щыгъуэ: «Къалэм дэкӀи, губгъуэ гъуэгухэм техьэ, бжыхь лъабжьэхэр щӀэщыкӀ икӀи къыпхуэзэу хъуар си деж къэкӀуэну къытегъэхьэ, си унэм цӀыхур щӀэз хъун щхьэкӀэ.

24 НывжызоӀэ, хъыбар зэзгъащӀэу къэмыкӀуахэм щыщу зыри си Ӏэнэ къэтӀысынукъым».


Хьисэ и Ӏумэтым уитыныр Ӏуэху тыншкъым

25 Хьисэ и гъусэу цӀыху куэд кӀуэрт. Абыхэм захуигъазэри яжриӀащ:

26 – Си Ӏумэтым итхэм я адэ-анэхэм, я фызхэм, я бынхэм, я къуэшхэм, я шыпхъухэм, уеблэмэ я псэм нэхърэ нэхъыфӀу сыкъамылъагъумэ, си гъэсэн хъунукъым.

27 Си ужь къиувэу Сэр щхьэкӀэ гугъу зезымыгъэхьыфыр, уеблэмэ и гъащӀэр итыну мыхьэзырыр си гъэсэн хъунукъым.

28 Фэ фщыщ гуэрым чэщанэ иухуэну мурад ищӀмэ, тӀысу текӀуэдэнур къипщытэнукъэ япэщӀыкӀэ, лэжьыгъэр и кӀэм нигъэсыфынрэ нимыгъэсыфынрэ ищӀэн щхьэкӀэ?

29 Армырамэ, лъабжьэр игъэувауэ, чэщанэр хунэмыгъэсыжмэ, ар зылъагъухэм ауан къащӀынущ,

30 мыпхуэдэу жаӀэурэ: «Мы лӀым чэщанэ иухуэну щӀидзат, ауэ хунэгъэсыфакъым».

31 Хьэмэрэ мыпхуэдэ жытӀэнщ: нэгъуэщӀ пащтыхьым езэуэну зызыгъэхьэзыр пащтыхьыр тӀысу япэщӀыкӀэ егупсысынукъэ минипщӀ фӀэкӀа мыхъу и дзэмкӀэ мин тӀощӀ хъууэ къыхуэкӀуэ дзэм езэуэфынрэ емызэуэфынрэ?

32 Емызэуэфынумэ, бийр жыжьэ щӀыкӀэ и лӀыкӀуэхэр игъэкӀуэнурэ, зэгурыӀуэныгъэ къарищӀылӀэну иригъэлъэӀунущ.

33 Абы ещхьу, фэ фщыщ дэтхэнэ зыми и гур и мылъкум къыбгъэдимыгъэкӀмэ, си гъэсэн хъунукъым.


Шыгъур мышыугъэмэ, сыт и сэбэп?

34 – ЗэрыфщӀэщи, шыгъур фӀыщ. Ауэ шыгъум и шыугъэр щӀэкӀмэ, ар зыкӀи шыугъэ пхуэщӀыжынукъым.

35 Ар зыкӀи къыпхуэгъэсэбэпынукъым итӀанэ, уеблэмэ щӀым хэбдзэми, щӀыр абыкӀэ пхуэгъэпшэрынукъым. Апхуэдэ шыгъур, зыкӀи щымыгугъыжу, хыфӀадзэж. ТхьэкӀумэ зиӀэм жысӀэр зэхрырех.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan