Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 13 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Хьисэ цӀыхухэр тобэ къэхьыжыным къызэрыхуриджар

1 Тхьэм къурмэн хуащӀыну Гэлилейм къикӀа цӀыхухэм я къурмэнхэр щыфӀагъэжым, Пилат ахэр укӀыкӀейуэ зэрыригъэукӀар Хьисэ къедаӀуэу щыт гуэрхэм къыжраӀэжащ.

2 Ар щызэхихым, Хьисэ абыхэм мыпхуэдэу яжриӀащ: – Ахэр адрей я лъэпкъэгъухэм нэхърэ нэхъ гуэныхьщӀакӀуэу щыта фи гугъэу ара апхуэдэ лей къащӀылъысар?

3 Аракъым нывжызоӀэ! Ауэ тобэ къэвмыхьыжмэ, псори абыхэм хуэдэу фыхэкӀуэдэнущ.

4 Хьэмэрэ СилэумкӀэ зэджэу щыта чэщанэжьыр къыщыуам, абы щӀипӀытӀауэ щыта цӀыху пщыкӀуийр Ерусэлим дэс адрейхэм нэхърэ нэхъ къуаншэт?

5 Нэхъ къуаншэтэкъым! Ауэ тобэ къэвмыхьыжмэ, псори абыхэм хуэдэу фыхэкӀуэдэнущ.


Жыг гъуам теухуа щӀагъыбзэ

6 Хьисэ щӀагъыбзэ къригъэжьащ итӀанэ: – Зыгуэрым и жызум хадэм хъурмей къыщыкӀырт. Жыгым къыпыкӀаӀамэ еплъыну хадэр зейр щыкӀуэм, жыгым къыпыкӀаӀауэ игъуэтакъым.

7 Апхуэдэу щыхъум, хадэр зейм жызумгъэкӀым мыпхуэдэу жриӀащ: «Илъэсищ хъуауэ мы жыгым зыгуэр къыпыкӀэӀамэ сеплъыну сыкъокӀуэ, ауэ зыри пызгъуэтыркъым. КъиупщӀыкӀ адэ, щӀыр щхьэ игъэхьэулеин хуей абы?»

8 ЖызумгъэкӀыр хадэр зейм елъэӀуащ: «Зи щӀыхьыр ин, иджыри зы илъэскӀэ игъэт. Жыгыр къэстӀыхьынщи, вэнывей щӀэслъхьэнщ,

9 хэт ищӀэрэ, етӀанэгъэ къыпыкӀэнкӀэ хъунущ. КъыпымыкӀэмэ, къибупщӀыкӀыжынщ» жиӀэри.


Фыз ныкъуэдыкъуэ гуэр Хьисэ щэбэтмахуэм зэригъэхъужар

10 Щэбэт махуэу Хьисэ тхьэлъэӀупӀэ унэ гуэрым цӀыхухэр Тхыгъэ ЛъапӀэм щыщӀигъэджыкӀырт.

11 Илъэс пщыкӀуий лъандэрэ и тхыр къэгъэшарэ жин бзаджэм зыкъримыгъэузэхужу бзылъхугъэ гуэр абы щӀэтт.

12 Хьисэ ар щилъагъум, къриджэри жриӀащ: – ЦӀыхубз, уи узыр пхэкӀыжащ.

13 Ар жиӀэщ, и Ӏэр трилъхьэри, цӀыхубзым асыхьэтым зыкъиузэхужащ. ЦӀыхубзым Тхьэм фӀыщӀэшхуэ хуищӀащ.

14 Хьисэ щэбэт махуэу ар зэригъэхъужам щхьэкӀэ тхьэлъэӀупӀэ унэм и тетыр къэгубжьри, цӀыхухэм мыпхуэдэу яжриӀащ: – Тхьэмахуэ махуиблым щыщу махуихыр лэжьыгъэм хухахауэ щытщи, мис а махуихым фыкъакӀуэурэ зывгъэхъуж, щэбэтым фыкъыщӀэкӀуэн щыӀэкъым.

15 – ФэрыщӀхэ! – жриӀащ Зиусхьэным абы. – Фивхэр, фи шыдхэр щэбэт махуэм къыкӀэрыфтӀэтыкӀыу псафэ фшэркъэ дэтхэнэ зыми?

16 Апхуэдэу щыщыткӀэ, Ӏиблисым илъэхъауэ илъэс пщыкӀуий лъандэрэ иӀыгъ мы цӀыхубзыр, Ибрэхьим къытехъукӀахэм ящыщыр, Ӏиблисым и бжьым дауэ къыщӀэзмышыжынрэ щэбэт махуэм?!

17 Хьисэ ар щыжиӀэм, и пэрыуэгъу псори укӀытэжащ, ауэ адрей цӀыхухэр Хьисэ илэжь Ӏуэху телъыджэхэм щыгуфӀыкӀащ.


Тхьэм и Тепщэныгъэр зэщхьыр сыт?

18 – Тхьэм и Тепщэныгъэр зэщхьыр сыт? – жиӀащ Хьисэ. – Сытым хуэзгъэдэну ар?

19 Ар андэгурэдэгум и жылэ цӀыкӀум хуэдэщ. ЦӀыху гуэрым а жылэр къищтэри, и хадэм щыхисащ. Щыхисэм, жыгым хуэдэу къэкӀри, къудамэ щӀагъхэм къуалэбзухэм абгъуэ щӀащӀыхьащ.

20 АтӀэ сытым хуэзгъэдэну Тхьэм и Тепщэныгъэр? – къыпищащ Хьисэ. –

21 Ар пщагъэм хуэдэщ. Бзылъхугъэ гуэрым пщагъэ къищтэщ, хьэжыгъэ Ӏэнлъищрэ пщагъэмрэ зэхипщэри игъэувыжащ, тхьэвыр тэджыху.


ЩӀыбым фыкъызэрыдэмынэным и ужь фит

22 Хьисэ Ерусэлим здэкӀуэм, къалэхэм, жылэхэм дыхьэурэ, цӀыхухэр иущийрт.

23 Абы зыгуэр къеупщӀащ: – Зи щӀыхьыр ин, къемэтмахуэм цӀыху мащӀэ тӀэкӀу фӀэкӀа къемылыну ара?

24 – Куэбжэ зэвымкӀэ фызэрыдыхьэным и ужь фит Ӏэмал зэриӀэкӀэ, – итыжащ Хьисэ жэуап, – сыту жыпӀэмэ, нывжызоӀэ, цӀыху куэд дыхьэну хэтынущ, ауэ дыхьэфынукъым.

25 Унэр зейр къэтэджрэ куэбжэр къигъэбыдэжа нэужь, «Зи щӀыхьыр ин, куэбжэр къытхуӀух» жыфӀэрэ куэбжэм фытеуӀуэу щӀыбым фыкъыдэнэнущ. Ауэ унэр зейм мыпхуэдэу къывжиӀэнущ: «Фыхэтми, дэнэ фыкъикӀами, сщӀэркъым».

26 Фэ мыпхуэдэу жыфӀэнущ абы щыгъуэ: «Дэ уи гъусэу дефэу, дешхэу, ди уэрамхэм дыщыбущийуэ щытакъэ?»

27 Ауэ абы мыпхуэдэу жэуап къывитыжынущ: «Фыхэтми, дэнэ фыкъикӀами, сщӀэркъым. Си пащхьэм фикӀ, бзаджащӀэхэ!»

28 Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ, бегъымбархэри я гъусэу, Тхьэр щытепщэ щӀыпӀэм хэщӀапӀэ къащылъысауэ, ауэ фэ фыкъыӀуахужу щыфлъагъукӀэ, фыпыхьэнущ, фи ӀэфракӀэм федзэкъэжынущ.

29 ЦӀыхухэр къуэкӀыпӀэмкӀи, къухьэпӀэмкӀи, ищхъэрэкӀи, ипщэкӀи къикӀынурэ, Тхьэр щытепщэ щӀыпӀэм къыщаӀэтыну гуфӀэгъуэшхуэм хэтынущ.

30 Иджыпсту я ужь итхэр я пэ иувэнущ, я пэ итхэр я ужь къинэнущ абы щыгъуэ.


Еууей, Ерусэлим, Ерусэлим!

31 Абы хэту фарисей гуэрхэр къакӀуэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Мы щӀыпӀэр къыубгынэмэ, нэхъыфӀщ, Хьирэд уригъэукӀыну хэтщ.

32 – ФыкӀуи, а бажэм мыпхуэдэу схужефӀэж, – яжриӀащ абыхэм Хьисэ, – «Сэ ноби пщэдеи цӀыхухэм жинхэр къахэсхужу икӀи згъэхъужу сахэтынущ, ауэ махуэ ещанэм си Ӏуэхур сыухынущ».

33 Сэ ноби, пщэдеи, пщэдеймыщкӀи сыкъэмыувыӀэу сыздэкӀуэм сыкӀуэн хуейщ, сыту жыпӀэмэ бегъымбарыр Ерусэлим фӀэкӀа нэгъуэщӀ щӀыпӀэ щаукӀынкӀэ Ӏэмал зимыӀэщ.

34 Еууей, Ерусэлим, Ерусэлим! Тхьэм и бегъымбархэр зэтезыукӀэу, Тхьэм и лӀыкӀуэхэр зи уэрамхэм мывэкӀэ щаукӀ. Къуалэбзум и шыр цӀыкӀухэр и дамэ щӀагъым щызэрызэхуишэсым хуэдэу, сэри сыт хуэдизрэ уи бынхэр зэкъуэт сщӀыуэ зэхуэсшэсыну сыхэта, ауэ фэ вдакъым.

35 Иджы фи Унэр нэщӀ хъуауэ фэ къыфхуонэж. НывжызоӀэ, «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къытхуэкӀуэращ щӀыхьыр зейр» жыфӀэху, сыкъэфлъагъужынукъым.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan