Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Лукас 12 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


ФэрыщӀагъэм зыщыфхъумэ

1 ЦӀыхубэр мин бжыгъэкӀэ къызэхуэсауэ зэжьэхэуэ-зэрыпӀытӀ щыхъум, Хьисэ и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриӀащ япэщӀыкӀэ: – Тхьэвым пщагъэ зэрыхэлъым хуэдэу, фарисейхэм фэрыщӀагъэр яхэлъщи, абы зыщыфхъумэ.

2 Нахуэ къэмыхъужын щэхурэ къыщӀэмыщыжын бзыщӀыгъэрэ щыӀэкъым.

3 КӀыфӀу жыфӀа псалъэр цӀыхухэм нэхуу зэхахыжынущ, пэшым щэхуу щыжыфӀар унащхьэм тету къаӀуэтэжынущ.


ЦӀыхухэм фащымышынэу, Тхьэм фыщышыни, нэхъыфӀщ

4 – Си ныбжьэгъухэм нывжызоӀэ, фаукӀын нэхъыбэ нэгъуэщӀ зыри къывэзымыщӀэфынухэм фащымышынэ.

5 Сэ вжесӀэнщ фызыщышынэн хуейр: фиукӀа нэужь, жыхьэнмэм фыхидзэну къару зиӀэр арщ фызыщышынэн хуейр. Мис Абы фыщышынэ.

6 Бзу цӀыкӀуитхур ахъшэ жьгъеитӀ къудейщ зэращэр. Апхуэдэу щыт пэтми, абыхэм языхэзи зыщигъэгъупщэркъым Тхьэм.

7 Фэ фи щхьэц налъэ нэгъунэ Тхьэм ибжауэ щытщ. Фымышынэ! Бзу Ӏэджэ нэхърэ фынэхъ лъапӀэщ фэ.


Хьисэ зылъытэр Тхьэм илъытэнущ

8 – НывжызоӀэ, си Ӏумэтым зэритыр цӀыхухэм щимыбзыщӀу къыжызыӀэ дэтхэнэри Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэм щилъытэжынущ ЦӀыхум и Къуэм.

9 Ауэ цӀыхухэм я пащхьэ иувэрэ къысхуэмейуэ, симыдэу къыжызыӀэм Сэри сызэрыхуэмейр, зэрызмыдар Тхьэм и мелыӀычхэм я пащхьэ къыщыжысӀэнущ.

10 ЦӀыхум и Къуэм щхьэкӀэ псалъэ мыхъумыщӀэ жызыӀэм Тхьэм къыхуигъэгъунущ. Ауэ Тхьэм и Псэм мыхъумыщӀэ хужызыӀэм Тхьэм къыхуигъэгъунукъым.

11 ТхьэлъэӀупӀэ унэм щызэхуэсахэм я пащхьэ фагъэкъуэншэну фыщрашэкӀи, унафэщӀхэм е лӀыщхьэхэм я пащхьэм фыщрагъэувэкӀи зызэрывгъэхеину щӀыкӀэм фемыгугъу,

12 а дакъикъэм жыфӀэнур Тхьэм и Псэм фи гум кърилъхьэнущ.


Къулей акъылыншэм теухуауэ

13 ЦӀыхубэм здыхэтым, Хьисэ лӀы гуэр къелъэӀуащ: – УщиякӀуэ, си къуэшыр ди адэм къыщӀэнамкӀэ къыздэгуэшэну схужеӀэ, – жиӀэри.

14 – Апхуэдэ Ӏуэхухэр зэхэзгъэкӀыну хьэмэрэ щӀэингуэшу сыщытыну сэ зыми сигъэувакъым, – иритыжащ Хьисэ абы жэуап.

15 Хьисэ цӀыхухэм яжриӀащ итӀанэ: – Фысакъ! Щхьэхуещагъэм зыщыфхъумэ, сыту жыпӀэмэ цӀыхум сыт хуэдэ мылъку бгъэдэлъами, цӀыху гъащӀэр мылъку къудейкӀэ къапщытэркъым.

16 Ар жиӀэри, щӀагъыбзэ зыщӀэлъ хъыбар къригъэжьащ: – ЦӀыху къулей гуэрым и щӀым гъавэ бэв къытекӀат.

17 «СщӀэнур сыт? – жиӀащ абы игукӀэ. – Гъавэр здыщӀэслъхьэн сиӀэкъым».

18 ИтӀанэ жиӀащ: «Мыращ сщӀэнур: си гуэнхэр къезгъэгъэуэжынщи, нэхъ Ӏэхуитлъэхуиту щӀэрыщӀэу езгъэщӀынщ. Гъавэу къытесхар абы ирезгъэлъхьэнщ, си хъугъуэфӀыгъуэхэри абы щызгъэтӀылъынщ.

19 ИтӀанэ сигукӀэ жысӀэнщ: Илъэс ӀэджэкӀэ узрикъун хъугъуэфӀыгъуэ уиӀэщ. Зыгъэпсэху, ефэ, ешхэ, уи нэгу зегъэужь».

20 Ауэ Тхьэм абы къыжриӀащ: «Акъылыншэ! Ныжэбэ уи псэр хезгъэхынущ. Хэт зылъысынур уэ зэхуэпхьэса мылъкур?»

21 Тхьэм и гур хэзыгъахъуэ ӀуэхухэмкӀэ къулей зимыщӀу, зи щхьэр къулей зыщӀыж дэтхэнэми аращ къыщыщӀынур, – къыщӀигъуащ Хьисэ.


Ерыскъым нэхърэ гъащӀэр нэхъапэщ

22 – Абы къыхэкӀкӀэ нывжызоӀэ, – яжриӀащ Хьисэ и гъэсэнхэм, – «Сыт тшхынур?» жыфӀэу фызэрыпсэуным фытемыгузэвыхь, е «Сыт щыттӀэгъэнур?» жыфӀэу фи Ӏэпкълъэпкъым щхьэкӀэ фымыгузавэ.

23 Ерыскъым нэхърэ гъащӀэр нэхъапэкъэ, щыгъыным нэхърэ Ӏэпкълъэпкъыр нэхъапэкъэ?

24 Феплъыт къуаргъхэм. Абыхэм жылэ трасэркъым, гъави Ӏуахыжыркъым, гуэни гъавэ гъэтӀылъыпӀи яӀэкъым, итӀани ахэр Тхьэм егъашхэ. АтӀэ фэ фынэхъ лъапӀэкъэ а къуалэбзухэм нэхърэ?

25 А Ӏуэхухэм тегузэвыхь пэтми, хэт фэ фщыщу зы сыхьэткӀэ нэхъ мыхъуми зи гъащӀэм хэзыгъэхъуэн зылъэкӀынур?

26 АтӀэ а мащӀэ тӀэкӀур щыфхузэфӀэмыкӀкӀэ, нэгъуэщӀым сыт фыщӀытегузэвыхьыр?

27 Удз гъагъэхэм феплъыт: ахэр гугъу ехьыркъым, цыи яджыркъым. Ауэ нывжызоӀэ, апхуэдизу зызыгъэщӀэращӀэу щыта пащтыхь Сэлмэн а цӀыкӀухэм щыщ дэтхэнэри зэрыхуэпам хуэдэу зихуапэу щытакъым.

28 АтӀэ нобэ гъагъэ пэтми, пщэдей хьэкум ирадзэну удзыр Тхьэм апхуэдизу щихуапэкӀэ, фэ абыхэм нэхърэ ӀэджэкӀэ нэхъыфӀу фихуэпэнукъэ, фӀэщхъуныгъэ зи мащӀэхэ?

29 Фшхынымрэ фызэфэнымрэ щхьэкӀэ фымыгузавэ икӀи фемылӀалӀэ.

30 Мажусийхэм аращ къызыкӀэлъажыхьыр. Фи Адэр фызыхуэныкъуэ псоми зэрыщыгъуазэр фигу ивгъэлъ.

31 Тхьэм и Тепщэныгъэр къэфлъыхъуи, адрей фызыхуэныкъуэ псори Тхьэм къывитынущ.

32 Фымышынэ, гуартэ мащӀэ. Фи Адэм и Тепщэныгъэр къывитыну хуейщ.

33 Фи мылъкур фщэжи, къыщӀэкӀар къулейсызхэм яхуэвгуэш. Жьы мыхъун бохъшэ зыӀэрывгъэхьэ, зыхэмыщӀын мылъку уафэм щызэвгъэгъуэт, абы дыгъу дэкӀуеифынукъым, хъуным зыри щыхуэшхынукъым.

34 Сыту жыпӀэмэ фи мылъкур здэщыӀэм фигури щыӀэнущ.


Мэсихь къыщигъэзэжкӀэ фызэрыхуэзэнымхуэхьэзыру фыщыт

35 – Зи бгыр щӀэкъузарэ зи уэздыгъэр къаблэ цӀыхум хуэдэу фыпсэу.

36 Зи тхьэмадэр хьэгъуэлӀыгъуэм къикӀыжыным пэплъэрэ, къэсыжа нэужь, бжэм къызэрытеуӀуэу къыщӀэзыгъэхьэжыну хьэзыр ӀуэхутхьэбзащӀэм хуэдэу фыщыт.

37 Тхьэмадэм къигъэзэжа нэужь, мыжеяуэ зрихьэлӀэж ӀуэхутхьэбзащӀэр гъуэгу махуэ теуващ. Пэжыр нывжызоӀэ, тхьэмадэм и бгыр щӀипхэнурэ, ӀуэхутхьэбзащӀэхэр иригъэфэу-иригъашхэу езыр ящхьэщытынущ.

38 Ар жэщ ныкъуэуи нэхущуи щрет, тхьэмадэр сыт хуэдэ зэманым къэкӀуэжми, мыжеяуэ зрихьэлӀэж ӀуэхутхьэбзащӀэхэр гъуэгу махуэ теуващ.

39 Мыр зэвгъащӀэ: дыгъуакӀуэр къыщыкӀуэну сыхьэтыр унэр зейм ищӀатэмэ, ар абы унэм къыщӀигъэхьэнутэкъым.

40 Фэри хуэхьэзыру фыщыт, сыту жыпӀэмэ фыщыпэмыплъэ сыхьэтым къигъэзэжынущ ЦӀыхум и Къуэм.

41 – Зи щӀыхьыр ин, – жиӀащ Питрэс, – къыжыпӀа щӀагъыбзэр зыхуэгъэзар уи гъэсэнхэм ди закъуэ, хьэмэрэ цӀыху псоми яхуэгъэзауэ щыт?

42 – Тхьэмадэм адрей ӀуэхутхьэбзащӀэхэр зи ӀэмыщӀэ ирилъхьэу игъуэу псори игъэшхэн хуейуэ дзыхь зыхуищӀа цӀыху пэжым, губзыгъэм хуэдэу фыщыт, – итыжащ жэуап Хьисэ.

43 – Тхьэмадэм къыщигъэзэжкӀэ, унафэ ищӀам темыкӀауэ зрихьэлӀэж ӀуэхутхьэбзащӀэр гъуэгу махуэ теуващ.

44 Пэжыр нывжызоӀэ, тхьэмадэм и мылъку псори а ӀуэхутхьэбзащӀэм дзыхь хуищӀынущ.

45 Ауэ а ӀуэхутхьэбзащӀэм игукӀэ «Си тхьэмадэм щӀэх къигъэзэжынукъым» жиӀэрэ, цӀыхухъуи цӀыхубзи къимыгъанэу ӀуэхутхьэбзащӀэ псори иубэрэжьу, ефэ-ешхэу, фадэкӀэ иригъэлейуэ щытмэ,

46 щыпэмыплъэ махуэм, щимыгугъэ сыхьэтым тхьэмадэм къигъэзэжынурэ, а ӀуэхутхьэбзащӀэр тӀууэ зэгуиупщӀыкӀынущ икӀи Тхьэр зымылъытэ цӀыху псоми къалъысыну Ӏыхьэр абыи лъигъэсынущ.

47 И тхьэмадэм и унафэм щыгъуазэу щыта пэтрэ зызымыгъэхьэзыра, е и тхьэмадэр зыхуейр зымыгъэзэщӀа ӀуэхутхьэбзащӀэм удын куэд къытехуэнущ.

48 Ауэ и тхьэмадэм и унафэм щымыгъуазэу удын къызыпэкӀуэ Ӏуэху зылэжьа ӀуэхутхьэбзащӀэм удыну къытехуэнур мащӀэщ. Тхьэм куэд зритам куэдкӀэ еупщӀыжынущ, куэд дзыхь зыхуищӀам нэхъыбэж къритыжыну хуигъэувынущ.


Зы унэ ис цӀыхухэм я акъыл зэтемыхуэж хъунущ

49 – ЩӀылъэм мафӀэ ездзыну аращ Сэ сыкъыщӀэкӀуар. ИкӀи сытым хуэдэу сыхуейт Сэ ар иджы къызэщӀэнэну.

50 Ауэ хьэзаб куэд сшэчын хуейуэ Сэ иджыри къыспэщылъщ, икӀи ар щызэфӀэкӀынум пэплъэ си псэр хуабжьу гугъу йохь.

51 ЩӀылъэм тет цӀыхухэм зэгурыӀуэныгъэ къахуэсхьыну сыкъэкӀуа фи гугъэу къыщӀэкӀынщ фэ. НывжызоӀэ, аракъым сыкъыщӀэкӀуар. АтӀэ цӀыхухэр зэхэзгъэкӀыну аращ сыкъыщӀэкӀуар.

52 ДяпэкӀэ, зы унэ ис цӀыхуитхум я акъыл зэтемыхуэж хъунущ: цӀыхуищым адрей тӀум жаӀэр ямыдэу, цӀыхуитӀми мыдрей щым жаӀэр ямыдэу хъунущ.

53 Адэм жиӀэр къуэм имыдэу, къуэм жиӀэр адэм имыдэу; анэм жиӀэр пхъум имыдэу, пхъум жиӀэр анэм имыдэу; гуащэм жиӀэр нысэм имыдэу, нысэм жиӀэр гуащэм имыдэу хъунущ.


Дызэрыт зэманыр щӀэн зэрыхуейр

54 – КъухьэпӀэмкӀэ къыщежьауэ къакӀуэу пшэ щыфлъагъукӀэ, «Уэшх къешхынущ» жывоӀэ асыхьэтым икӀи апхуэдэуи мэхъу, – яжриӀащ Хьисэ цӀыхубэм.

55 – ИпщэкӀэ къикӀыу жьы къыщепщэм деж «Хуабей хъунущ» жывоӀэ икӀи апхуэдэуи мэхъу.

56 ФэрыщӀхэ! УэфӀ хъунуми уэлбанэ хъунуми уафэм и теплъэмкӀэ къывощӀэф, атӀэ иджы дызэрыт зэманыр щхьэ къыфхуэмыщӀэрэ?


Уи дэуэгъум узэрекӀужыным и ужь ит

57 – Тэмэмыр фэ езым щхьэ зэхэвмыгъэкӀрэ?

58 Псалъэм папщӀэ, уи дэуэгъур уи гъусэу хеящӀэм деж ущыкӀуэкӀэ, гъуэгу удытетыху, узэрекӀужыным и ужь ит. Армыхъумэ, уи дэуэгъум хеящӀэм уритынущ, хеящӀэм лъэхъуэщтетым уӀэщӀилъхьэнущ, лъэхъуэщтетым лъэхъуэщым ущӀидзэнущ.

59 НыбжызоӀэ, къанэ щымыӀэу уи щӀыхуэр умыпшынауэ, укъаутӀыпщынукъым.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan