Лукас 11 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэХьисэ и гъэсэнхэм тхьэ елъэӀукӀэ зэраригъэщӀар 1 ЩӀыпӀэ гуэрым щыӀэу, Хьисэ тхьэ елъэӀурт. Щиухым, и гъэсэнхэм ящыщ зы къелъэӀуащ: – Зи щӀыхьыр ин, Яхья и гъэсэнхэм тхьэ елъэӀукӀэ зэраригъэщӀам хуэдэу дэри дыгъащӀэ, – жиӀэри. 2 Хьисэ къажриӀащ: – Тхьэ фыщелъэӀукӀэ, мыпхуэдэу жыфӀэ: «Ди Адэ, уи цӀэр цӀыхухэм ялъытэу ирехъу, Уи Тепщэныгъэр кърекӀуэ. 3 Дызыхуей щӀакхъуэ Ӏыхьэм зы махуи дыщумыгъащӀэ. 4 Ди гуэныхьхэр къытхуэгъэгъу, сыту жыпӀэмэ дэри мыхъун къыдэзыщӀэу гуэныхь къэзыхьхэм яхудогъэгъу. Гуэныхь къыдэзыгъэхь Ӏуэхугъуэхэм дащыхъумэ». 5 Фэ фщыщ гуэрым ныбжьэгъу иӀэу жытӀэнщ, – къыпищащ Хьисэ. – Ар и ныбжьэгъум деж жэщыбгым макӀуэри жреӀэ: «КхъыӀэ, щӀакхъуищ щӀыхуэу къызэт. 6 Гъуэгуанэ тету си ныбжьэгъу гуэр си унэ къихьащи, езгъэшхын сиӀэкъым». 7 И унэ исыжыр унэм къыщӀопсэлъыкӀри, мыдрейм къыжреӀэ: «Сызумыхуэ, бжэр згъэбыдэжащ, зэрыунагъуэу дыгъуэлъыжакӀэщ, сыкъэтэджу уэстыфынукъым». 8 Пэжыр нывжызоӀэ, я ныбжьэгъугъэм къыхэкӀыу иримытми, зэрыхуӀумыкӀыжым щхьэкӀэ къэтэджынурэ зыщӀэлъэӀур иритынущ. 9 Апхуэдэу щыщыткӀэ, Сэри нывжызоӀэ, фелъэӀуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, Тхьэм къывигъэгъуэтынущ; бжэм фытеуӀуи, Тхьэм къыфхуӀуихынущ; 10 сыту жыпӀэмэ Тхьэм хэт елъэӀуми, зыщӀэлъэӀур къритынущ, къэзылъыхъуэми къилъыхъуэр къригъэгъуэтынущ; бжэм теуӀуэми къыхуӀуихынущ. 11 И къуэр бдзэжьей жиӀэу къелъэӀумэ, абы блэ езытын фэ къыфхэт? 12 Хьэмэрэ джэдыкӀэ жиӀэу къуэр адэм елъэӀумэ, адэм абы акърэб къыхуишиину? 13 Аращи, фэ фызэрыбзаджэу фи бынхэм фӀы щахуэфщӀэфкӀэ, уафэр зи хэщӀапӀэ фи Адэ ЛъапӀэм и Псэр дауэ къахуримыгъэхынрэ Абы къелъэӀухэм? Хьисэрэ БэӀэлзэбулрэ 14 Хьисэ бзагуэ гуэрым и бзэр зыӀыгъ жин бзаджэр къыхихужат. Къыщыхихужым, цӀыхухэм яфӀэтелъыджэу, бзагуэм и бзэр къиутӀыпщыжащ. 15 АрщхьэкӀэ языныкъуэхэм мыпхуэдэу жаӀащ: – Жин бзаджэхэм я пашэ БэӀэлзэбул и къарукӀэщ Абы жинхэр цӀыхухэм къазэрыхихужыр. 16 НэгъуэщӀ гуэрхэми, Хьисэ ягъэунэхун я мураду, уафэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэн гуэр къахуригъэхыну къыхуагъэуващ. 17 Абыхэм я гум илъыр ищӀэрти, Хьисэ мыр яжриӀащ: – Зэмызэгъыу зызыгуэша дэтхэнэ къэралми лъапсэрыхыр къыхуэкӀуэнущ, зэмызэгъыу зызыгуэш унагъуэри къутэжынущ. 18 Абы хуэдэу, Ӏиблисымрэ и жинхэмрэ зэмызэгъыу загуэшмэ, абы и тепщэныгъэр дауэ къызэтенэн? Апхуэдэу щӀыжысӀар Сэ жинхэр цӀыхухэм БэӀэлзэбул и къарукӀэ къахэсхужу къыстыволъхьэри аращ. 19 Нэхъри, Сэ БэӀэлзэбул и къарукӀэ жинхэр цӀыхухэм къахэсхужмэ, фэ фи гъэсэнхэми абы и къарукӀэ цӀыхухэм жинхэр къыхахужу мэхъу. Мис а фи цӀыхухэм фэ фызэрыщыуэр ӀупщӀ къащӀынущ. 20 Аращи, Сэ цӀыхухэм жинхэр къазэрыхэсхужыр Тхьэм и къарур армэ, абы щыгъуэ Тхьэм и Тепщэныгъэр фи деж къэсащ. 21 ӀэщэкӀэ узэдауэ зи пщӀантӀэр зыхъумэ цӀыху лъэрызехьэм и мылъкур къыщымыщӀӀауэ къызэтенэнущ. 22 Ауэ езым нэхърэ нэхъ лъэщ къытеуэрэ къытекӀуэмэ, зыщыгугъа Ӏэщэр трихынурэ, къыӀэрыхьа мылъкур и цӀыхухэм яхуигуэшынущ. 23 Сэ си мыгъусэр си пэрыуэгъущ, си гъусэу къэзмыугъуейр зэран къысхуохъу. ЦӀыхум къыхахужа жин бзаджэм къыщигъэзэж щыӀэщ 24 – Жин бзаджэр цӀыхум къыхэкӀыжа нэужь, псыншэ щӀыпӀэхэм къыщекӀухь, тыншыпӀэ лъыхъуэу. Апхуэдэ тыншыпӀэ щимыгъуэтым, мыр жеӀэ: «СыкъызыхэкӀа цӀыхум деж згъэзэжынщ». 25 ИкӀи егъэзэжри, и псэупӀэу щытар зэщӀэпхъэнкӀарэ зэлъыӀухауэ ирохьэлӀэж. 26 Абы щыгъуэ ар макӀуэ, езым нэхърэ нэхъ бзаджэжу жин бзаджибл гъусэ ещӀри, цӀыхум и пкъым хохьэж. Апхуэдэ цӀыхум и иужьрей щытыкӀэр и япэрей щытыкӀэм нэхърэ нэхъыкӀэ мэхъу. 27 А псалъэхэр Хьисэ щыжиӀэм, цӀыхубэм зы бзылъхугъэ гуэр къыхэпсэлъыкӀри, Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ зи ныбэ уилъамрэ зи быдзышэ узэфамрэ насыпыфӀэщ! 28 – Тхьэм и псалъэм едаӀуэу ар зыгъэзащӀэхэрщ насыпыфӀэр! – къитыжащ Хьисэ жэуап. Хьисэ нэщэнэщӀэкъухэм жэуап зэраритар 29 ЦӀыхубэр къыщызэхуэсым, Хьисэ мыпхуэдэу жиӀащ: – Мы щӀэблэр зэкӀуэкӀа щӀэблэщ. Нэщэнэ къалъыхъуэ, ауэ абыхэм нэщэнэ кърагъэлъагъунукъым Инус бегъымбарым и нэщэнэм фӀэкӀ. 30 Инус Нинуй къалэм дэс цӀыхухэм нэщэнэ зэрахуэхъуам хуэдэу, ЦӀыхум и Къуэри мы щӀэблэм нэщэнэ яхуэхъунущ. 31 ИпщэкӀэ щыӀа пащтыхьыгъуэм и пащтыхь гуащэр къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, мы щӀэблэр игъэкъуэншэнущ, сыту жыпӀэмэ а пащтыхь гуащэр щӀым и гъунэм къикӀри, Израилым къэкӀуауэ щытащ, Сэлмэн и ущие Ӏущхэм едэӀуэн папщӀэ. Ауэ мыбдежым къыфхэтым и пщӀэр Сэлмэн и пщӀэм йобэкӀ. 32 Нинуй къалэм а зэманым щыпсэуа цӀыхухэр къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ нобэрей щӀэблэр ягъэкъуэншэнущ, сыту жыпӀэмэ абы щыгъуэ Нинуй дэсахэм тобэ къахьыжауэ щытащ, Инус и уазым едаӀуэри. Ауэ мыбдежым къыфхэтым и пщӀэр Инус и пщӀэм йобэкӀ. ГущӀэм къыщыблэн хуей уэздыгъэр 33 – Уэздыгъэр пигъанэу къуэгъэнапӀэм къуигъэувэркъым зыми, е Ӏубауэ щыт кумбыгъэм щӀигъэувэркъым, атӀэ тегъэувапӀэм трегъэувэ, къыщӀыхьэхэм къахуэнэхун папщӀэ. 34 Ӏэпкълъэпкъым и уэздыгъэр цӀыхум и нитӀырщ. Нэр узыншэмэ, цӀыхум и Ӏэпкълъэпкъри зэрыщыту нэхукӀэ гъэнщӀауэ щытынущ. Нэр мыузыншэмэ, Ӏэпкълъэпкъыр кӀыфӀыгъэм зэщӀищтауэ щытынущ. 35 Уэ пхэлъ нэхур кӀыфӀыгъэ зэрымыхъуным хуэсакъ. 36 Аращи, уи Ӏэпкълъэпкъыр зэрыщыту нэхукӀэ гъэнщӀарэ кӀыфӀыгъэ лъэпкъ хэмылъу щытмэ, уипкъри нэхуу щытынущ, уэздыгъэ нэхум укъызэригъэнэхум хуэдэу. Хьисэ фарисейхэмрэ теурэт егъэджакӀуэхэмрэ сэтей къызэрищӀар 37 Хьисэ псэлъэн иуха нэужь, Ар фарисей гуэрым и унэ иригъэблэгъащ игъэхьэщӀэну. Унэм щӀыхьэри, Хьисэ Ӏэнэм пэрытӀысхьащ. 38 Журтхэм я хабзэм тету, Абы и Ӏэр имытхьэщӀу Ӏэнэм зэрыпэрытӀысхьар щилъагъум, фарисейм игъэщӀэгъуащ. 39 – Фэ, фарисейхэм, фи кхъуэщынхэм, фи фалъэхэм я ӀуплъапӀэр вгъэкъабзэ щхьэкӀэ, фи кӀуэцӀыр нэпсеягъэрэ бзаджагъэкӀэ гъэнщӀауэ щытщ, – жиӀащ Зиусхьэным. 40 – Акъылыншэхэ! ӀуплъапӀэр къэзыгъэщӀа Тхьэр аракъэ кӀуэцӀри къэзыгъэщӀар. 41 Фи кхъуэщынхэм, фи фалъэхэм ярылъыр псапэу вгуэши, фиӀэ псори къабзэ хъунущ. 42 Ауэ фэ, фарисейхэр, гъуэгу мыгъуэ фытеуващ! Фи хадэм къытекӀ шхынхэлъхьэ удзхэри къэвмыгъанэу я Ӏыхьэ пщӀанэр Тхьэм и Унэм фохь, ауэ захуагъэмрэ Тхьэм хувиӀэн хуей фӀылъагъуныгъэмрэ гулъытэншэу къэвгъэнащ. Захуагъэрэ фӀылъагъуныгъэрэ зыхэлъ Ӏуэхухэрат япэрауэ влэжьын хуейр, Ӏыхьэ пщӀанэри тын зэрыхуейр зыщывмыгъэгъупщэу. 43 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фарисейхэр, сыту жыпӀэмэ тхьэлъэӀупӀэ унэм фыщыщӀыхьэкӀэ жьантӀэмкӀэ фоунэтӀ, цӀыху зэхуэсыпӀэхэм деж пщӀэ лей къыщыволъыхъуэ. 44 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ фэ, цӀыхухэр зытеувэр ямыщӀэххэу зи гущӀыӀу яутэ кхъащхьэ хэкӀуэдэжахэм фахуэдэщи. 45 Теурэт егъэджакӀуэхэм ящыщ зым Хьисэ къыжриӀащ абы щыгъуэ: – УщиякӀуэ, а уи псалъэхэмкӀэ дэри ди жагъуэ къыбощӀ. 46 – Теурэт егъэджакӀуэхэри гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, – жиӀащ Хьисэ. – ЦӀыхухэм яхуэмыхьын хьэлъэ ятыволъхьэри, а ятефлъхьа хьэлъэр ядэвгъэпсынщӀэн щхьэкӀэ, зыри фщӀэркъым. 47 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, фи адэжьхэм яукӀа бегъымбархэм фэ кхъэлэгъунэ яхувогъэуври. 48 Фи адэжьхэм зэрахьа лейр зэрадэфӀыгъыр абыкӀэ къывогъэлъагъуэ: абыхэм бегъымбархэр яукӀыу щытащ, фэ а бегъымбархэм кхъэлэгъунэ яхувощӀ. 49 Мис аращ Тхьэ Ӏущым мыпхуэдэу къыщӀыжиӀар: «Си бегъымбархэри си лӀыкӀуэхэри абыхэм я деж згъэкӀуэнущ. Ауэ языныкъуэхэр яукӀынущ, адрейхэр гугъу ирагъэхьынущ. 50 Дунейр къызэрыхъурэ бегъымбархэм ялъу щӀэблэ псоми ягъэжар мы щӀэблэм япшыныжынущ. 51 Ӏэбил деж къыщыщӀэдзауэ, къурмэн телъхьэпӀэмрэ Тхьэм и Унэмрэ я зэхуакум даукӀыхьа Зэчрей бегъымбарым деж щиухыжу, бегъымбар псоми я лъыр мы щӀэблэм япшыныжынущ». Сэри щыхьэт сытохъуэ абыхэм я лъыр мы щӀэблэм зэрырагъэпшыныжынумкӀэ. 52 Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ теурэт егъэджакӀуэхэр, сыту жыпӀэмэ щӀэныгъэр щыгъэтӀылъа гъэтӀылъыпӀэм и ӀункӀыбзэӀухыр зыӀэщӀэфлъхьащи, фэри абы фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри щӀэвгъэхьэркъым. 53 Хьисэ абы къыщӀэкӀыжа нэужь, теурэт егъэджакӀуэхэмрэ фарисейхэмрэ губжьауэ упщӀэ гугъу куэд Хьисэ ирату щӀадзащ, 54 щагъауэу зэрагъэкъуэншэжын псалъэ къыжьэдашын я гугъэу. |
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021
Institute for Bible Translation, Russia