Лукас 1 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэПэщӀэдзэ Ӏыхьэ 1 Ди деж къыщыхъуа Ӏуэхугъуэхэм теухуа хъыбар кърагъэжьауэ куэдым ятхыж. 2 А Ӏуэхугъуэхэм къызэрыщӀадзэрэ ахэр зи нэгу щӀэкӀауэ Тхьэм и Псалъэр цӀыхум яхэзылъхьэу щытахэм къыджаӀэжаращ а хъыбархэм лъабжьэ хуэхъуар. 3 Арати, сэри а Ӏуэхугъуэхэм я щӀэдзапӀэ дыдэм щезгъажьэри, къанэ щымыӀэу псори щызэхэзгъэкӀым, зи пщӀэр лъагэ Теофил, хъыбарыр зэкӀэлъыкӀуэу ныпхуэстхыну мурад сщӀащ, 4 узыхуаущия Ӏуэхум и пэжыпӀэр пщӀэн щхьэкӀэ. Яхья бегъымбарыр къызэралъхунур мелыӀычымкъызэрыжиӀар 5 Ехьудейм и пащтыхь Хьирэд и тетыгъуэ зэманым Зэчрей и цӀэу дин гъуазэ гуэр псэуащ. Ар Абий къытехъукӀыжа дин гъуазэ гупым яхэтащ. Абы и щхьэгъусэ Елисавэ Хьэрун къытехъукӀыжахэм ящыщт. 6 Зиусхьэну Тхьэм и пащхьэм цӀыху щыпкъэу итт тӀури, Абы и хабзэхэмрэ и унафэхэмрэ ядэбгъуэн щымыӀэу ягъэзащӀэу. 7 Ауэ ахэр быныншэт, Елисавэ фызмылъхуэти, абы къищынэмыщӀауэ тӀуми я ныбжьыр фӀыуэ хэкӀуэтат. 8 Зэчрей зыхэт дин гъуазэ гупым я чэзур къэсауэ, Тхьэм и Унэм дин Ӏуэху щилэжьырт зэгуэрым. 9 Дин гъуазэхэм я хабзэм тету пхъэидзэ щащӀым, Зиусхьэным и Унэм щӀыхьэу, мэ дахэ къызыхих сагъыз Тхьэм папщӀэ игъэсын хуейуэ къылъысащ Зэчрей. 10 Тхьэм и Унэр зыдэт пщӀантӀэм цӀыхубэр тхьэ щелъэӀурт Зэчрей сагъызыр щигъэс сыхьэтым. 11 Сагъыз гъэсыпӀэм ижьырабгъумкӀэ Зиусхьэным и мелыӀыч Зэчрей къыщыхуэхутащ. 12 Ар щилъагъум, къащтэри, Зэчрей хуабжьу шынащ. 13 Ауэ мелыӀычым къыжриӀащ: – Умышынэ, Зэчрей. Уи лъэӀур Тхьэм зэхихащ. Уи щхьэгъусэ Елисавэ къуэ къыпхуилъхунущ, уэ абы фӀэпщынур Яхьящ. 14 ГуфӀэгъуэрэ насыпрэ къыпхудэкӀуэнущ абы икӀи ар дунейм къызэрытехьам щхьэкӀэ цӀыху куэд гуфӀэнущ. 15 Сыту жыпӀэмэ Зиусхьэным и пащхьэм цӀыху щэджащэу итынущ ар, сани нэгъуэщӀ фади ефэнукъым. И анэм и ныбэм щилъыну зэманым щыщӀэдзауэ, Тхьэм и Псэр и гум хыхьауэ щытынущ ар. 16 Я Тхьэу Зиусхьэным и гъуэгум израил лъэпкъым щыщу куэд тришэжынущ. 17 Тхьэм и Псэр Иляс бегъымбарым и гум илъу зэрыщытам хуэдэу, абыи и гум илъу икӀи Иляс иӀа лъэкӀыныгъэр иӀэу Зиусхьэным ипэ къихуэу цӀыхухэм къахыхьэнущ ар. Адэхэмрэ бынхэмрэ зэфӀ ищӀыжынущ, Тхьэм емыдаӀуэхэр цӀыху щыпкъэхэм я гъуэгум тришэнущ, израил лъэпкъыр Зиусхьэным и къэкӀуэгъуэм хуигъэхьэзырынущ. 18 – Ар зэрыпэжыр дауэ сэ къызэрысщӀэнур? – жиӀэри еупщӀащ Зэчрей мелыӀычым. – Сэ лӀыжь сыхъуащ, си щхьэгъусэми и ныбжьыр хэкӀуэтащ. 19 – Тхьэм и пащхьэ ит ДжэбрэӀилыр сэращ, а хъыбарыфӀыр къыпхузигъэхьащ Тхьэм, – жиӀащ мелыӀычым. 20 – Аращи, и чэзум къэхъун хуейуэ бжесӀар уи фӀэщ зэрымыхъуам щхьэкӀэ уи бзэр иубыдынурэ умыпсэлъэфу ущытынущ, а Ӏуэхур зэщӀэху. 21 Зэчрей Тхьэм и Унэм зэрызыщиӀэжьэр ягъэщӀагъуэу, цӀыхубэр пщӀантӀэм къыщыпэплъэрт. 22 Ар Тхьэм и Унэм къыщӀэкӀыжащ, ауэ цӀыхухэм епсэлъэфакъым. ИтӀанэ къагурыӀуащ Тхьэм и Унэм абы телъыджэ гуэр зэрыщилъэгъуар. Зэчрей псэлъэжыфыртэкъым, ӀэпэтэрмэшкӀэ цӀыхухэм зыгуэр яригъэлъагъу фӀэкӀа. 23 Тхьэм и Унэм щылэжьэн щыхуей махуэхэр щиухым, Зэчрей и унэ кӀуэжащ. 24 Абы и ужькӀэ куэд дэмыкӀыу, Зэчрей и фыз Елисавэ лъэщыджэ хъури, цӀыхухэм мазитхукӀэ защибзыщӀащ. 25 Абы мыпхуэдэу жиӀэрт: «Ар къысхуэзыщӀар Зиусхьэнырщ, и нэфӀ къысщыхуэри, си напэр щӀытекӀ емыкӀур сщхьэщихащ иджы». Мэрям мелыӀычыр къызэрыхуэкӀуар 26-27 Елисавэ мазих пӀалъэм иту, Гэлилей хэкум хыхьэ Нэзэрэт къуажэм дэс пщащэм, МэрямкӀэ зэджэм, деж Тхьэм ДжэбрэӀил мелыӀычыр къигъэкӀуащ. Исуф и цӀэу Даут бегъымбарым къытехъукӀыжа лӀы гуэррэ Мэрямрэ зэрышэн хуейуэ зэгурыӀуауэ щытт. 28 Абы деж щӀыхьэри, мелыӀычым жиӀащ: – Сэлам узох, Тхьэм и нэфӀыр зыщыхуа. Зиусхьэным и нэӀэ къыптет зэпытщ. 29 МелыӀычым къыжриӀа псалъэм бзылъхугъэр хуабжьу игъэпӀейтеящ икӀи абы и сэламым игъэгупсысащ. 30 – Умышынэ, Мэрям, – жиӀащ абы, – Тхьэм и нэфӀ къыпщыхуащ. 31 Уэ лъэщыджэ ухъунурэ къуэ бгъуэтынущ, уэ Абы фӀэпщынур Хьисэщ. 32 Ар цӀыху щэджащэ хъунущ, Я Нэхъ Лъагэм и КъуэкӀэ еджэнущ Абы. И адэжь Даут и тахътэр Зиусхьэну Тхьэм къритынущ Абы. 33 Екъуб къытехъукӀа лъэпкъым я тепщэу игъащӀэкӀэ щытынущ, и тепщэныгъэми кӀэ иӀэнукъым. 34 – Сыхъыджэбздэсу ар дауэ къызэрыхъунур? – еупщӀащ Мэрям мелыӀычым. 35 – Тхьэм и Псэр къыпхуехынурэ Я Нэхъ Лъагэм и къарур къыпщхьэщыувэнущ. Абы къыхэкӀкӀэ, къэплъхуну сабийр Тхьэм ейуэ щытынущ икӀи Тхьэм и КъуэкӀэ еджэнущ Абы. 36 Уи благъэ Елисавэ, сабий иӀэнукъым жыхуаӀэу щытари, и жьыщхьэ лъэщыджэ хъуауэ, мазэ еханэм итщ, щӀалэ цӀыкӀу поплъэ; 37 Тхьэм лъэмыкӀын зыри щыӀэкъым. 38 – Зиусхьэным и ӀэмыщӀэм силъщ, – жиӀащ Мэрям. – Уэ зэрыжыпӀам тету ирехъу псори. Мэрям къигъанэри, мелыӀычыр щӀэкӀыжащ. Мэрям Елисавэ деж зэрыкӀуар 39 Абы и ужькӀэ куэд дэмыкӀыу, Мэрям зигъэхьэзырри, Ехьудей хэкум и бгылъэ щӀыпӀэм ит къуажэм пӀащӀэу кӀуащ. 40 Щынэсым, Зэчрей и унэм щӀыхьэри, абы Елисавэ сэлам ирихащ. 41 Елисавэ Мэрям и сэламыр щызэхихым, абы и ныбэм илъ сабийм зигъэхъеящ икӀи Тхьэм и Псэр Елисавэ и гум хыхьащ. 42 Макъ лъагэкӀэ къэпсалъэри, Елисавэ жиӀащ: – ЦӀыхубз псоми я нэхъ лейуэ Тхьэр фӀыгъуэкӀэ къыпхуэупсащ! Къэплъхун хуей сабийм Тхьэм и нэфӀыр къыщыхуащ! 43 Си Зиусхьэным и анэр си деж къэкӀуэну схуэфащэ сэ? 44 Уи сэламыр щызэхэсхым, си ныбэм илъ сабийм гуфӀэгъуэшхуэр иӀэу зигъэхъеящ. 45 Зиусхьэным къыжиӀар зэрызэщӀэнур уи фӀэщ хъуащи, гъуэгу махуэ утеуващ. 46 Абы и ужькӀэ Мэрям жиӀащ: – Си гущӀэм щӀыхьышхуэ къыщыхуоуш Зиусхьэным! 47 Си Тхьэу си КъегъэлакӀуэм щогуфӀыкӀыр си псэр, 48 пщӀэ зимыӀэ сэ, и унэӀутым, гу къыслъитащи. Нобэ щыщӀэдзауэ къэхъуну щӀэблэ псоми сынасыпыфӀэу жаӀэнущ, 49 Тхьэ Лъэщым телъыджэлажьэ къысхуищӀащи. ПхуэмыӀуэтэну лъапӀэщ Абы и цӀэр. 50 Зы щӀэблэм адрей щӀэблэр кӀэлъыкӀуэу, Тхьэр псоми яхуэгумащӀэщ Ар зылъытэхэм. 51 Ӏуэху телъыджэ куэд и ӀэкӀэ зэфӀигъэкӀащ, гупсысэ пагэ зигу илъхэм яхурикъуащ. 52 Тепщэхэр я тахътэм къридзыхри, пщӀэ зыхуамыщӀ цӀыхухэм я пщӀэр иӀэтащ. 53 ХуэмыщӀауэ псэухэм фӀыгъуэкӀэ яхуэупсащ, къулейхэр ӀэнэщӀу иутӀыпщыжащ. 54-55 Ди адэжьхэр зэригъэгугъам тету, и ӀуэхутхьэбзащӀэ Израилым дэӀэпыкъуэгъу хуэхъуащ, Ибрэхьимрэ абы къытехъукӀыжахэмрэ игъащӀэкӀэ яхуэгумэщӀэну псалъэ зэритар ищӀэжырти. 56 Елисавэ деж мазищ хуэдизкӀэ щыхьэщӀа нэужь, Мэрям и унэ кӀуэжащ. Яхья бегъымбарыр къызэралъхуар 57 И пӀалъэр къэсри, Елисавэ къуэ къилъхуащ. 58 Зиусхьэным абы апхуэдэ фӀыгъуэшхуэ къызэрыхуищӀар щызэхахым, и гуфӀэгъуэр даӀыгъын папщӀэ, и гъунэгъухэмрэ и благъэхэмрэ къызэхуэсащ. 59 Махуэ еянэм, сабийр сунэт ящӀыну цӀыхухэр щызэхуэсым, и адэм и цӀэр, Зэчрей, и къуэми фӀащыну мурад ящӀат. 60 Ауэ сабийм и анэм яхуимыдэу къажриӀащ: – Зэчрейкъым, атӀэ Яхьящ абы фӀэтщынур. 61 – Апхуэдэу зэджэ уи Ӏыхьлыхэм яхэткъым, – къыжраӀащ абыхэм. 62 ИтӀанэ ӀэпэтэрмэшкӀэ сабийм и адэм еупщӀащ цӀэуэ фӀищынумкӀэ. 63 Зэчрей пхъэбгъу кӀапэ къригъэхьри, псоми яфӀэтелъыджэу, мыпхуэдэу тритхащ: «Абы фӀэтщынур Яхьящ». 64 Абдеж дыдэм и бзэр къиутӀыпщыжщ, къэпсалъэри, Тхьэр игъэлъэпӀащ абы. 65 Я гъунэгъу псори хуабжьу шынат икӀи Ехьудей хэкум и бгылъэ щӀыпӀэхэм а Ӏуэхум фӀэкӀа нэгъуэщӀ щагъэхъыбарыжтэкъым. 66 А псори зэхэзыхахэм, а Ӏуэхум егупсысурэ, ягукӀэ мыпхуэдэу жаӀэрт: «Мы сабийм къыхэкӀынур хэту пӀэрэ?» Зиусхьэным и нэӀэр сабийм зэрытримыгъэкӀыр къагурыӀуати, арат абыхэм апхуэдэу щӀыжаӀэр. Зэчрей Тхьэм и псалъэ къызэрыжиӀар 67 Сабийм и адэм и гум Тхьэм и Псэр хыхьэри, мы псалъэхэр къыжиӀащ: 68 – Ди Зиусхьэну Израилым ди Тхьэр дывгъэгъэлъапӀэ, и лъэпкъым щӀэгъэкъуэн къытхуэхъуащи, щхьэхуитыныгъэ къыдитащи. 69-70 Пасэ зэманым Тхьэм къыхихауэ щыта бегъымбархэм я жьэкӀэ дыкъызэригъэгугъам тету, и ӀуэхутхьэбзащӀэу щыта Даут бегъымбарым къытехъукӀауэ, КъегъэлакӀуэ лъэщ къытхуигъэкӀуащ. 71 Абы ди бийхэмрэ дыкъэзылъагъу мыхъухэмрэ дакъригъэлынущ. 72 Ди адэжьхэм яхуэгумэщӀэну икӀи и ЗэухылӀэныгъэ лъапӀэу абыхэм ярищӀылӀар игу иригъэлъыну къигъэгугъащ ахэр. 73-74 Тхьэм ди адэжь Ибрэхьим псалъэ быдэ иритащ, ди бийхэм дакъыӀэщӀихыжыну икӀи шынэ дымыщӀэу и гъуэгу дытригъэтыну, 75 дыпсэуху гу къабзэрэ напэ хужькӀэ и пащхьэ дитын щхьэкӀэ. 76 Ауэ уэ, си щӀалэ, Я Нэхъ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгур хуэбгъэхьэзырыну, Абы япэ уиту цӀыхухэм уахыхьэнущи. 77 Зиусхьэным и лъэпкъым я гуэныхьхэр къахуигъэгъуу къызэрыригъэлынур уэ абыхэм яхуэпӀуэтэнущ. 78 Зигу дапщэщи къытхуэфӀ ди Тхьэм дыгъэ къыкъуэкӀым хуэдэу Нэхушхуэ уафэм къытхуригъэхынущ, 79 ажалым и бжьыр зытелъхэмрэ кӀыфӀыгъэм хэту псэухэмрэ къыттепсэн икӀи мамырыгъэм и гъуэгум дытришэн щхьэкӀэ. 80 Сабийр хэхъуэрт, гукӀи псэкӀи зиужьырт. Тхьэм израил лъэпкъым яхуигъэкӀуэху, ар къумым щыпсэуащ. |
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021
Institute for Bible Translation, Russia