Инус 3 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэИнус Тхьэм и унафэр зэригъэзэщӀар 1 Зиусхьэным и псалъэ етӀуанэу къыхуехащ Инус: 2 – Тэдж, Нинуй къалэшхуэм кӀуэи, бжесӀар абы дэс цӀыхухэм яхуэӀуатэ. 3 Инус тэджри Зиусхьэным къызэрыжриӀам тету Нинуй къалэ кӀуащ. Нинуй къалэр апхуэдизкӀэ инти, махуищ нэхъ мащӀэкӀэ пхузэпычынутэкъым. 4 Арати, Инус къалэм дыхьащ. МахуэкӀэ кӀуа нэужь, къэувыӀэри, цӀыхухэм мыпхуэдэ псалъэкӀэ захуигъэзащ: – Махуэ плӀыщӀ дэкӀмэ, Тхьэм Нинуй зэтрикъутэнущ, – жиӀэри. 5 Нинуйдэсхэм ар щызэхахым, Тхьэм и псалъэр я фӀэщ хъуащ, нэщӀ ихьащ, цӀыкӀуи ини, зыри къэмынэу псоми чэтэн джанэ кӀыхь зыщатӀэгъащ. 6 Нинуй къалэм и пащтыхьым деж а хъыбарыр щынэсым, и тахътэм къытекӀщ, и пащтыхь щыгъыныр зыщихщ, абы ипӀэкӀэ чэтэн джанэ зыщитӀагъэри, сахуэм хэтӀысхьащ. 7 Пащтыхьым къыбгъэдэкӀыу къалэм мыпхуэдэу щагъэӀуащ: – Пащтыхьымрэ и блыгущӀэтхэмрэ я унафэкӀэ цӀыхуми, Ӏэщ пӀащэми, Ӏэщ цӀыкӀуми зыри яшхи ирафи хъунукъыми, Ӏэщыр хъуакӀуэ дэвмыгъэкӀ. 8 ЦӀыхум имызакъуэу Ӏэщми чэтэн щэкӀ тефпхъуи, Тхьэм фыхудэкъугъей, дэтхэнэ зыми щӀэпхъаджагъэ лэжьыныр, лей зехьэныр щырырегъэт. 9 Хэт ищӀэрэ, Тхьэр хущӀегъуэжмэ, и губжьыр къыттримыкъутэу дыкъелынкӀэ хъунщ. 10 Тхьэм къалэдэсхэм ящӀар, лей зехьэныр зэрыщагъэтар щилъагъум, хущӀегъуэжри, насыпыншагъэу къахуигъэкӀуэну жыхуиӀар къахуигъэкӀуакъым. |
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021
Institute for Bible Translation, Russia