Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Инус 1 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Инус Тхьэм и унафэр имыгъэзэщӀэну мурад зэрищӀар

1 Амыт и къуэ Инус Зиусхьэным и псалъэ къыхуехащ:

2 – Тэдж, Нинуй къалэшхуэм кӀуэи, абы дэс цӀыхухэм си тезыр къазэрытепсыхэнур яжеӀэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ я щӀэпхъаджагъэхэм я хъыбар си деж къэсащ, – жиӀащ Тхьэм.

3 Инус тэджщ, Зиусхьэным ӀэщӀэкӀыну мурад ищӀри, ТаршишкӀэ зэджэ щӀыпӀэ пхыдзам кӀуэну ежьащ. Хы Ӏуфэм Ӏус Яфэ къалэм щынэсым, Таршиш кӀуэ кхъухь къигъуэтщ, гъуэгупщӀэ яритри итӀысхьащ. Апхуэдэу, Инус Зиусхьэным ӀэщӀэкӀыну мурад зэрищӀам тету, Таршиш кӀуэну ежьащ.

4 Ауэ Зиусхьэным жьышхуэ къригъапщэщ, тенджызым и гущӀыӀум толъкъун лъагэхэм закъыщригъэӀэтри, кхъухьыр щӀилъэфэн гъунэгъу хъуащ.

5 ХылӀхэр гужьеящи, щхьэж и тхьэ йолъэӀу, хьэпшып хьэлъэхэр ирадз, кхъухьыр нэхъ псынщӀагъуэ ящӀын щхьэкӀэ. Инус кхъухьым и лъабжьэм ехауэ ӀэфӀу жейрт абы щыгъуэ.

6 Кхъухьым и тетыр Инус деж ехщ, къигъэушри: – Щхьэ ужейрэ? Тэджи, уи тхьэм елъэӀу; хэт ищӀэрэ, игу дыкъэкӀыжмэ, псым дримыгъэтхьэлэу дыкъригъэлынкӀэ хъунщ, – жриӀащ.

7 ХылӀхэм жаӀащ: – Пхъэидзэ дывгъэщӀи, мы дызыхэхуа гузэвэгъуэр зи лажьэр къэдывгъащӀэ. Пхъэидзэ ящӀри, Инус и пхъэр къикӀащ.

8 Апхуэдэу щыхъум, ахэр Инус еупщӀащ: – Мы дызыхэт гузэвэгъуэр зи лажьэр хэтми къыджеӀэ. Уи ӀэщӀагъэр сыт? Дэнэ укъикӀрэ, дэнэ ущыщ, сыт хуэдэ лъэпкъ укъызыхэкӀар? – жаӀэри.

9 – Сэ сыжуртщ, щӀылъэмрэ тенджызымрэ къэзыгъэщӀауэ, уафэм щыӀэ Тхьэуэ Зиусхьэныр зылъытэхэм сащыщщ, – жэуап яритыжащ абыхэм Инус.

10 Инус Зиусхьэным ӀэщӀэкӀын мурад зэриӀэр кхъухьым исхэм щажриӀэм, я гур кӀуэдыпауэ къехъурджэуащ ахэр: – Апхуэдэу щхьэ пщӀа? – жаӀэри.

11 Толъкъунхэр нэхъ ябгэ хъууэ щалъагъум, ахэр Инус еупщӀащ: – Тенджызыр сабырыжын щхьэкӀэ сыт уэтщӀэн хуейр? – жаӀэри.

12 – Псым сыхэвдзи, сабырыжынущ. Сэ сощӀэ толъкъунхэр си зэранкӀэ къызэрыфтегуплӀар, – яритыжащ жэуап Инус.

13 АрщхьэкӀэ цӀыхухэм кхъухьбэлагъхэмкӀэ нэхъ хуабжьыжу псыр щӀатхъун щӀадзащ, псы Ӏуфэм есылӀэн я гугъэу, ауэ къайхъулӀэртэкъым, толъкъунхэр нэхъ ябгэжу къэукъубияти.

14 Зыри щымыхъужым, Зиусхьэным елъэӀуащ ахэр: – ДынолъэӀу, Зиусхьэн, мы лӀым и псэм дызэреӀэм щхьэкӀэ думыгъэкӀуэд, псым зэрыхэддзэр гуэныхь тщумыщӀ, лажьэ имыӀэу къыщӀэкӀмэ. Зиусхьэныр Уэращ, узыхуейр къыбогъэхъу, – жаӀэри.

15 Абдежым Инус псым хадзащ, зэрыхадзэуи, псыр сабырыжащ.

16 ХылӀхэр хуабжьу щышынащ Зиусхьэным, къурмэн хуаукӀащ, псалъи ятащ Ар иджыри ягъэлъэпӀэну.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan