Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

ДжакӀуэ 9 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Ебгъуанэ Ӏыхьэ ЛӀэныгъэр псоми къапэщылъщ

1 А псом сыкъегупсысри, сыкъызыхуэкӀуар аращи, захуащӀэри, Ӏущри, абыхэм я лэжьыгъэри Тхьэм и ӀэмыщӀэ илъщ. Къыпэплъэр зыщӀэ зыри щыӀэкъым: фӀылъагъуныгъэ хьэмэрэ лъагъумыхъуныгъэ.

2 ЗахуащӀэми бзаджащӀэми, гущӀэгъу зыхэлъми гущӀэгъуншэми, къабзэми къабзагъэ зыбгъэдэмылъми, къурмэн зыщӀми зымыщӀми – дэтхэнэми къапэщылъыр а зыращ. ПсапащӀэм и щхьэ сыт кърикӀуэми, псэкӀуэдщӀагъэ зыщӀэми къыщыщӀынущ, тхьэлъанэ зыщӀхэр сытым Ӏууэми, тхьэрыӀуэ псалъэм щыщтэхэри хуэзэнущ.

3 Мы уафэм и щӀагъым къыщыхъухэм щыщу мис ар тхьэмыщкӀагъэщ: а зыр дэтхэнэми къыпэщылъщ. Псэуху цӀыхум и гур бзаджагъэрэ акъылыншагъэкӀэ гъэнщӀауэ къогъуэгурыкӀуэри, япэ ищахэм я пащхьэ йохьэж.

4 Псэ зыӀут псори мэгугъэ. Псэ зыӀумытыж аслъэным нэхърэ, псэ зыӀут хьэм и Ӏуэхур нэхъыфӀщ.

5 Псэ зыӀутым кӀэ зэриӀэр ещӀэ. ЛӀам зыри ящӀэкъым, къетэни щыӀэкъым абыхэм, хэбгъэзыхьмэ я цӀэ дыдэри яӀэщӀэхужынущ.

6 Я фӀылъагъуныгъи, я лъагъумыхъуныгъи, зрафыгъулӀэу щытаи – зы къэмынэу кӀуэдыжащ, мы уафэм и щӀагъым къыщыхъухэми къэгъазэ имыӀэу хэкӀыжащ.

7 Аращи, уи щӀакхъуэри ӀэфӀу шхы, уи санэми гуфӀэм ухэту ефэ – Тхьэм ахэр фӀэгунэсщ.

8 Сыт щыгъуи уи щыгъыныфӀхэр зыщыгъагъ, уи щхьэцхэми мэ дахэ къызыхих дагъэр щыхуэ.

9 Мы уафэм и щӀагъым щыбгъащӀэ Тхьэм къыуита махуэ пщӀэншэхэр фӀыуэ плъагъу уи щхьэгъусэм удэтхъэу гъакӀуэ – гъащӀэм узыӀуигъауэ гугъуехьхэм пэкӀуэу Тхьэм аращ къыпхуигъэфащэр.

10 Хьэдрыхэ уздэкӀуэжынум Ӏуэхуи, гупсыси, щӀэныгъи, Ӏущыгъи щыӀэкъым, аращи плъэкӀыху пхузэфӀэкӀ къыумыгъанэу щӀэ.

11 Иджыри нэгъуэщӀ зыгуэр щыслъэгъуащ сэ мы уафэм и щӀагъым: жэрыр зэпымычу къатежкъым, хахуэми сыт щыгъуи текӀуэныгъэр къыдихкъым, Ӏущым щӀакхъуэ Ӏыхьэ щимыӀи къыхокӀ, губзыгъэми мылъку щыбгъэдэмылъ къохъу, щӀэныгъэ зиӀэхэми фӀыщӀэ хуащӀ зэпыткъым – псоми игъуэрэ пӀалъэрэ яӀэщ.

12 ЦӀыхум ищӀэкъым и пӀалъэр къыщысынур: бдзэжьейр хъым щиубыдынур, бзури бзуущэм къызэринэнур зэрамыщӀэм ещхьу, цӀыхури уащхъуэдэмыщхъуэу тхьэмыщкӀагъэм зыӀэщӀелъхьэ.


Ӏущыгъэмрэ делагъэмрэ теухуа гупсысэхэр

13 Ӏущыгъэм и зы щапхъэ гъэщӀэгъуэн дыди щыслъэгъуащ сэ мы уафэм и щӀагъым.

14 Дэс щӀагъуэ щымыӀэу зы къалэ цӀыкӀу щыӀэт. ЛъэкӀышхуэ зиӀэ пащтыхь гуэр къебгъэрыкӀуэщ абыи, къитӀысыхьри, къищтэн щхьэкӀэ хузэфӀэкӀи къигъэнакъым.

15 Ауэ хуэмыщӀауэ псэууэ а къалэм зы цӀыху Ӏущ дэсти, и ӀущыгъэкӀэ къригъэлащ абы къалэр. АрщхьэкӀэ иужьым а цӀыху тхьэмыщкӀэр зыми ягу къэмыкӀыжу яӀэщӀэгъупщыкӀыжащ.

16 «Лъэщагъ нэхърэ Ӏущыгъэр нэхъыфӀщ», – жысӀащ абы щыгъуэм. АрщхьэкӀэ тхьэмыщкӀэм къылъыкъуэкӀ Ӏущыгъэр ауи кърадзэркъым, и псалъэри хъатэ пэмыхьэ ящӀ.

17 Ӏулэм я пашэм и кӀий-гуо макъым уедаӀуэ нэхърэ, цӀыху Ӏущым щэхуу жиӀэр зэхэпхмэ нэхъыфӀщ.

18 Ӏэщэ нэхърэ Ӏущыгъэр нэхъыфӀщ, ауэ зы псэкӀуэдыщӀэм Ӏуэху щхьэпэ куэд дэкӀуэдынкӀэ хъунущ.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan