Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Данил 9 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


И лъэпкъым щхьэкӀэ Данил тхьэ зэрелъэӀуар

1 Бабылей пащтыхьыгъуэм Ахъийшурэщ и къуэ Дарий, мыд лъэпкъым щыщыр, пащтыхьу щытрагъэува гъэр екӀуэкӀырт.

2 Ар тахътэм щыдэкӀуея гъэм, сэ Тхыгъэ ЛъапӀэхэм седжэурэ, Зиусхьэным Ирмий бегъымбарым къыхуригъэха псалъэм ипкъ иткӀэ, Ерусалим илъэс блыщӀкӀэ зэхэкъутарэ бгынэжауэ щытын зэрыхуейр къызгурыӀуащ.

3 Сэ нэщӀ сихьэри, щыгъуэ щыгъынхэр щыстӀэгъауэ, сахуэр си щхьэм тезгъэщащэурэ, си Тепщэу си Тхьэм хуабжьу селъэӀун щӀэздзащ.

4 Зиусхьэну си Тхьэм селъэӀурт сэ, си лъэпкъым и гуэныхьхэмкӀэ зызумысыжыурэ: «Тепщэу си Тхьэ ин, телъыджэ! Уи лъэпкъым епщӀылӀа зэгурыӀуэныгъэр пхъумэу, фӀыуэ укъэзылъагъуу уи унафэхэр зыгъэзащӀэхэм Уэ уахуэпэжщ.

5 Ауэ дэ гуэныхь къэтхьащ, щӀэпхъаджагъэ длэжьащ. Уи унафэхэмрэ уи хабзэхэмрэ ӀэщӀыб тщӀыри, бзаджащӀэ дыхъуауэ дыппэщӀэуващ.

6 Ди пащтыхьхэми, ди Ӏэтащхьэхэми, ди адэжьхэми, ди хэкум лъэпкъыу ис псоми уи цӀэкӀэ зыкъытхуэзыгъазэу щыта уи бегъымбархэм дедэӀуакъым.

7 Си Тепщэ, Уэ ущыпкъэщ – дэ нобэкӀэ дынапэтехщ. Уэ дызэрыпхуэмыпэжам къыхэкӀкӀэ, дэ псори – ехьудейхэри, Ерусалим дэсхэри, дызыхэбгуэша къэралхэм щыпсэухэу жыжьэуи гъунэгъууи щыӀэхэри – исрэӀил лъэпкъыр зэрыщыту дынапэтехщ.

8 Зиусхьэн, дэ ди пащтыхьхэми, ди Ӏэтащхьэхэми, ди адэжьхэми емыкӀушхуэ къэтхьащ, уи пащхьэ гуэныхь зэрыщытщӀамкӀэ.

9 Ди Тепщэу ди Тхьэ, Уэ угущӀэгъулыщи, ди гуэныхьхэр къытхуэбгъэгъуну ухьэзырщ, дыппэщӀэувами:

10 Уэ, Зиусхьэну ди Тхьэм, дынодэӀуакъым, уи пщылӀ бегъымбархэм къыдебгъэта хабзэхэм дадызекӀуакъым.

11 ИсрэӀил псор уи Унафэм ебакъуэри, я щӀыб къыпхуагъэзащ, къодэӀуэну хуэмейуэ. Абы кърикӀуэу, гыбзафэ щӀыӀэу Тхьэм и бегъымбар Мусэ и Хабзэм итхэр къыттехуащ, Уэ уи пащхьэ гуэныхь щыдлэжьати.

12 Уэ нэлат псалъэу дэри ди Ӏэтащхьэхэми къытхужыпӀа псори къэбгъэхъуащ, насыпыншагъэшхуэ къытхуэбгъакӀуэри. Уафэм и лъабжьэм зэи къыщымыхъуар Ерусалим къыщыщӀащ.

13 А насыпыншагъэ Ӏейр къыттепсыхащ Мусэ и Хабзэм зэритым хуэдэу, итӀани Уэ уи гущӀэгъу дылъыхъуакъым, ди гуэныхьхэр къэдмыгъанэурэ, уи псалъэр зэрыбгъэпэжыр къытфӀэмыӀуэхуурэ.

14 Ди Тхьэ, Уэ уи Ӏуэху псомкӀи узахуэщ, дэ дынодэӀуатэкъыми, бэлыхьрэ бэӀутӀэӀуу тхуэбгъэхьэзырар къытхуэбгъэкӀуащ.

15 Уэ, Тепщэу ди Тхьэ, уи къару иныр бгъэлъагъуэу уи лъэпкъыр Мысырым къипшыжри, абыкӀэ уи цӀэр цӀэрыӀуэ хъуауэ, нобэр къыздэсми ягъэлъапӀэ, ауэ дэ гуэныхь тщӀащ, къуаншагъэ длэжьащ.

16 Иджы, ди гуэныхьхэмрэ ди адэжьхэм я хабзэншагъэмрэ къыхэкӀыу, Ерусалим къалэри уи лъэпкъри къэзыухъуреихь адрей щӀыналъэ псоми щӀэнакӀалъэ щыхъуащ. Ди Тепщэ, сыт щыгъуи уи лъэпкъым ухуэпэжу, къебгъэлу зэрыщытам и хьэтыркӀэ, уи губжь иныр Ерусалим, уи бгы лъапӀэм, щхьэщыхыж.

17 Иджы, ди Тхьэ, уи пщылӀыр хуабжьу къызэролъэӀур зэхэх! Ди Тепщэ, уи псэупӀэ лъапӀэ зэхэкъутам нэфӀкӀэ къеплъыж – Уэ Езым уи хьэтыркӀэ.

18 КъысщӀэдэӀуи, си Тхьэ, сызэхэх; уи нэр къызэтехи уи цӀэр зезыхьэ ди къалэр зэрызэхэкъутам къеплъ. Дэ ди захуагъэм и хьэтыр плъагъуну дынолъэӀуркъым, атӀэ уи гущӀэгъу инырщ дызыщыгугъыр.

19 Си Тепщэ, сызэхэх! Си Тепщэ, къытхуэгъэгъу! Си Тепщэ, гулъытэ къытхуэщӀ, думыгъэщӀэхъу! Си Тхьэ, зумыӀэжьэ, Уэ Езым уи хьэтыркӀэ, уи цӀэр уи къалэми уи лъэпкъми зэрызэрахьэм къыхэкӀкӀэ».


Блыурэ блыщӀым къикӀыр

20 Апхуэдэу Зиусхьэну си Тхьэм селъэӀурт сэ, си гуэныхьхэмкӀи си исрэӀил лъэпкъым и гуэныхьхэмкӀи зызумысыжыурэ. СелъэӀурт Тхьэм и бгы лъапӀэм щхьэкӀи.

21 ТхьэлъэӀум сыздыпэрытым, япэм къысхуэлъэгъуауэ щыта ДжэбрэӀил, псынщӀэу къэлъатэри, гъунэгъу зыкъысхуищӀащ. Ар къыщыхъуар пщыхьэщхьэ къурмэныр щащӀ зэманым ирихьэлӀэущ.

22 «Данил, сэ сыкъыщӀэкӀуар зэхэщӀыкӀыныгъэ уэстын папщӀэщ, – къызжиӀащ абы, сиущийурэ.

23 – Уэ Тхьэм уфӀэлъапӀэщи, елъэӀун зэрыщӀэбдзэу жэуап къуатыжащ. Ар ныбжесӀэн щхьэкӀэщ сэ сыкъыщӀэкӀуар. Аращи, быдэу къэдаӀуи, къыпхуеха псалъэр зыгурыгъаӀуэ:

24 Блыурэ блыщӀ пӀалъэ уи лъэпкъми уи къалэ лъапӀэми хухахащ, щӀэпхъаджагъэмрэ гуэныхьхэмрэ кӀэ ирату, къуаншагъэр ягъэзэкӀуэжын щхьэкӀэ; захуагъэр игъащӀэкӀи хабзэу ягъэуву, бегъымбарӀуатэу къэлъэгъуам мыхъурыр традзэу, я нэхъ лъапӀэ дыдэ щӀыпӀэр ягъэнэхун папщӀэ.

25 ЗэгъащӀэ икӀи зыгурыгъаӀуэ: Ерусалим зэфӀагъэувэжыну, дращӀеижыну унафэ къыщыдэкӀынум щыщӀэдзауэ Тхьэм къыхиха Тепщэр къэкӀуэху блыурэ блыи блыурэ хыщӀрэ тӀуи дэкӀынущ. Къалэр яухуэжынущ – утри къуэтӀыгъэхэри, ауэ зэман гугъуу щытынущ а лъэхъэнэр.

26 Блыурэ хыщӀрэ тӀур дэкӀа нэужь, Тхьэм къыхихар ажалым иратынущ, псоми къагъэнауэ. КъэкӀуэну пашэм и дзэм къалэри псэупӀэ лъапӀэри зэхикъутэнущ; псыдзэр къызэрыкӀуэм хуэдэу зэшэзэпӀэу абыхэм кӀэухыр ягъуэтынущ; зауэр и кӀэм нэсыхукӀи лъапсэрыхыу щытынущ.

27 Абы зы блым и кӀыхьагъкӀэ зэгурыӀуэныгъэ быдэ куэдым ирищӀылӀэнущ, а блым и кум хуэзэу къурмэнхэри тыгъэхэри щригъэгъэтынущ. ПсэупӀэ лъапӀэм лъапсэрыхыр къыхуэзыгъэкӀуэн гущыкӀ теплъэ зиӀэ щагъэувынущ, зэрыпхъуакӀуэм хуауха кӀэухыр имыгъуэтыху».

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan