Данил 7 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэДанил хьэкӀэкхъуэкӀиплӀым зэрепщӀыхьар 1 Бабылейм и пащтыхь Бэлъщэцар тахътэм щыдэкӀуея гъэм, Данил и пӀэщхьагъ илъыжу, пщӀыхьэпӀэм хэту зыгуэр къыхуэлъэгъуауэ щытащ. Абы ар итхыжащ. Мис а хъыбарыр: 2 Сэ жэщым пщӀыхьэпӀэм сыхэту слъэгъуащ, щӀым и лъэныкъуиплӀымкӀи къикӀа жьым хышхуэр къызэригъэукъубеяр. 3 ИтӀанэ зыр адрейм емыщхьу, абрагъуэу хьэкӀэкхъуэкӀиплӀ хым къыхэкӀащ. 4 Япэр аслъэным ещхьт, ауэ бгъэм и дамэхэм хуэдэ тетт. Си нитӀкӀэ слъагъуу абы и дамэхэр трачщ, яӀэтри, цӀыхум хуэдэу, лъакъуитӀкӀэ ягъэуващ, цӀыху акъыли абы иратащ. 5 ЕтӀуанэу къыхэкӀа хьэкӀэкхъуэкӀэр мыщэм ещхьт. Абы и кӀэбдз лъакъуитӀымкӀэ лъэбышэу зритӀат, и дзэпэфӀанэхэм дзажэналъищ дэлът, дэнауэ. Абы жраӀащ: «Тэджи, зыбгъэнщӀыху лы шхы!» 6 ИтӀанэ сэ слъэгъуащ нэгъуэщӀ хьэкӀэкхъуэкӀэ, и теплъэкӀэ щомыщым ещхьу. Абы и щӀыбым дамиплӀ тетт, къуалэбзухэм ейм хуэдэу. А хьэкӀэкхъуэкӀэм щхьиплӀ фӀэтт, тетыгъуи абы иратащ. 7 АдэкӀэ жэщ пщӀыхьым сыхэту сэ слъэгъуащ еплӀанэ хьэкӀэкхъуэкӀэр – шынагъуэ Ӏейрэ узижэгъуэну, хуабжьу къарууэ. Абы гъущӀыдзэ защӀэу дзэкъэбыжь домбейхэр Ӏутт; къыӀэщӀыхьэхэр зэтриукӀэурэ зэхишхыхьырт, къанэр лъакъуэкӀэ зэхиутэжырт. Ар япэрей хьэкӀэкхъуэкӀэхэм ещхьтэкъым, абы бжьакъуипщӀ тетт. 8 А бжьакъуэхэм сыздеплъым сэ слъэгъуащ абыхэм я зэхуакум зы бжьакъуэ цӀыкӀу къызэрыдэкӀыкӀар, япэрей бжьакъуищым абы гъуэгу ират щӀыкӀэу, я лъабжьэхэр щӀыгъуу къызэрыхатхъар – мор къэкӀын и пэ. А бжьакъуэм нэ иӀэт, цӀыхухэм ейм хуэдэу, жьэи иӀэт, пагэу псалъэу. 9 Мис, сэ къэслъэгъуар итӀанэ: тахътэхэр ягъэувауэ щытт, Зи Махуэхэр Жьы Дыдэр тахътэм тетӀысхьащ. Абы и щыгъынхэр уэсым хуэдэу хужьт, и щхьэцыр щынэц къабзабзэм хуэдэт. И тахътэр мафӀэ бзийуэ лыдырт, шэрхъыу щӀэтхэри мафӀэлыгъейт. 10 Абы къиу мафӀэр уэру ежэхырт. Мин Ӏэджэ Абы къыхуэлажьэрт, и пащхьэ къитхэри бжыгъэншэт. Хьэкумым щӀидзэри, тхылъхэр къызэӀуахащ. 11 АдэкӀэ си нэр тедияуэ сыздэплъэм, бжьакъуэм пагэу къипсэлъхэм седаӀуэурэ, хьэкӀэкхъуэкӀэр яукӀауэ къэслъагъуху си нэр тезгъэкӀакъым. Абы и хьэдэр мафӀэм хадзэри ягъэсыжащ. 12 Адрей хьэкӀэкхъуэкӀэхэм тепщэныгъэр къыӀэщӀахащ, ауэ зы зэманкӀэ псэууэ къагъэнащ я пӀалъэр къэсыху. 13 А жэщым си нэгу щӀэкӀам сэ иджыри мыр щыслъэгъуащ: пшэм хэту зыгуэр къакӀуэрт, цӀыхум ещхьу. Ар гъунэгъу къэхъури, Зи Махуэхэр Жьы Дыдэм бгъэдашащ. 14 Абы тепщэныгъи, щӀыхьи, пащтыхьыгъуи иратащ, лъэпкъ псори, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэхэри, цӀыхуцӀэ зиӀэ псори къыхуэлэжьэн щхьэкӀэ. Абы и тепщэныгъэр – тепщэныгъэ мыкӀуэдыжщ, зэи кӀэух иӀэнукъым, и пащтыхьыгъуэри зэи къутэжынукъым. ПщӀыхьэпӀэм къикӀыр 15 Сэ си псэр гузавэрт, си нэгум щӀэкӀа къомым сагъэшынат. 16 Абдежым щытхэм я зым сыбгъэдыхьэри, а псом ипэжыпӀэкӀэ къикӀыр сыт жысӀэри, сеупщӀащ. ПщӀыхьэпӀэм къикӀыр абы къызжиӀащ: 17 «А хьэкӀэкхъуэкӀэ абрагъуиплӀыр – щӀылъэм щыӀэну пащтыхьиплӀырщ. 18 Ауэ, иужькӀэ, Я нэхъ Лъагэм хуэпэжхэм пащтыхьыгъуэр яӀэщӀыхьэнурэ, игъащӀэ псокӀэ кӀэ имыӀэу ахэр тепщэнущ». 19 ИтӀанэ сэ адрей зыми емыщхь еплӀанэ хьэкӀэкхъуэкӀэр, шынагъуэ Ӏейрэ узижэгъуэныр, зи дзэхэр гъущӀрэ зи лъэбжьанэхэр гъуаплъэр, къыӀэщӀыхьэхэр зэтезыукӀэурэ зэхэзышхыхьыр, къанэр лъакъуэкӀэ зэхэзыутэжыр ипэжыпӀэкӀэ зищӀысыр къэсщӀэну сыхуеящ. 20 Иджыри сэ сщӀэну сыхуейт абы и щхьэм тета бжьакъуипщӀым теухуауэ, итӀанэ гъуэгу кърат щӀыкӀэу, бжьакъуищыр къыхэхуу, абыхэм я пӀэм къыхэкӀа бжьакъуэми теухуауэ – нэи жьэи зиӀэу, пагэу псалъэу, адрейхэм нэхърэ нэхъ бэлыхьлажьэу къыпщыхъум теухуауэ. 21 Сэ слъэгъуат а бжьакъуэм Тхьэм хуэпэжхэм зауэ ярищӀэкӀыурэ зэрыхигъэщӀар, 22 Зи Махуэхэр Жьы Дыдэр къакӀуэу, Езым къыхуэпэжхэр хьэкумым щимыгъэхеиху. ИтӀанэ игъуэ хъури, абыхэм пащтыхьыгъуэр яӀэщӀыхьащ. 23 АдэкӀэ абы къызжиӀащ мыпхуэдэу: «ЕплӀанэ хьэкӀэкхъуэкӀэр зищӀысыр, адрей пащтыхьыгъуэхэм емыщхьу, щӀылъэм тетыну еплӀанэ пащтыхьыгъуэрщ; абы зэхиутэурэ икӀи зэтриукӀэурэ щӀылъэр зэрыщыту зэхишхыхьынущ. 24 БжьакъуипщӀым къагъэлъагъуэр а пащтыхьыгъуэм пащтыхьипщӀ къызэрыхэкӀынурщ. Абыхэм я ужькӀэ, япэрей зыми емыщхьу, нэгъуэщӀ пащтыхьым зыкъиӀэтынурэ адрейхэм ящыщу пащтыхьищ тридзынущ. 25 Абы псалъэ Ӏейхэр Я нэхъ Лъагэм хужиӀэнущ, Тхьэм хуэпэжхэри хьэзабым хигъэтынущ; махуэ лъапӀэхэмрэ Тхьэм и унафэхэмрэ ихъуэжынуи иужь итынущ. Тхьэм хуэпэжхэр абы и ӀэмыщӀэм илъынущ илъэскӀи, илъэситӀкӀи, илъэс ныкъуэкӀи. 26 Ауэ хьэкум щыӀэнурэ, тепщэныгъэр абы къыӀэщӀахынущ, езыри игъащӀэкӀэ ягъэкӀуэдыжынущ. 27 Лъэщыгъэри, тепщэныгъэри, уафэм и лъабжьэм щыӀэ пащтыхьыгъуэ псоми я лъапӀагъэри Я нэхъ Лъагэр зыгъэпэж лъэпкъым иратынущ. Абы и пащтыхьыгъуэр – пащтыхьыгъуэ мыкӀуэдыжщ, икӀи дэтхэнэ зыри Абы хуэжыӀэщӀэу хуэлэжьэнущ». 28 Абдежым щеух си хъыбарыр. А слъэгъуахэм сэ гупсысэгъейм сыхадзат, си фэри пагъэкӀат, ауэ зыми хуэзмыӀуатэу си гум щысхъумащ. |
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021
Institute for Bible Translation, Russia