Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Данил 10 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Данил Даджлат и Ӏуфэм къыщыхуэлъэгъуар

1 Къэжэр пащтыхьыгъуэм Кир зэрытеувэрэ ещанэ гъэр екӀуэкӀыу, Данил, иджыри БэлътэщэркӀэ зэджэм, псалъэ къыхуехащ. Абы и хъыбарыр пэжщ, зытеухуар бэнэныгъэ инщ. Къыхуеха псалъэр абы зэхищӀыкӀащ – а къыхуэлъэгъуам къыщыгурыӀуащ.

2 Абы щыгъуэ сэ тхьэмахуищ енкӀэ хуабжьу сынэщхъеят.

3 А зэманым къриубыдэу, ерыскъы хэплъыхьаи, лыи, сани си жьэм хуэсхьатэкъым, мэ гуакӀуэ къызыпих дагъи зыщысхуатэкъым.

4 Япэ мазэм и тӀощӀрэ еплӀанэ махуэм Даджлат псышхуэм и Ӏуфэм сыӀутт.

5 Си напӀэр къэсӀэтрэ сыплъэмэ, къызолъагъу лӀы гуэр щыту: чэтэн щыгъынхэмкӀэ хуэпарэ и бгым дыщэзэрылэу бгырыпх щӀэлъу.

6 Абы и Ӏэпкълъэпкъыр мывэ лъапӀэм хуэдэу нурыбэт, и нэкӀур щыблэм хуэдэу лыдырт, и нитӀыр мафӀэ бзийм хуэдэу къаблэрт, и Ӏэхэмрэ и лъакъуэхэмрэ гъуаплъэ гъэцӀууам хуэдэу зэщӀэпщӀыпщӀэрт. Щыпсалъэм щыгъуэ и макъыр цӀыху куэдым я макъым хуэдэт.

7 Сэ си закъуэщ ар къызыхуэлъэгъуар; си гъуса цӀыхухэм ар ялъэгъуакъым, ауэ ахэр апхуэдизкӀэ шынагъэм зэщӀищтати, зэбгрыжри загъэпщкӀуащ.

8 Си закъуэ сыкъанэри, а къэлъэгъуа телъыджэм сеплъащ. Си къарур щӀэкӀауэ, жанагъ схэмылъыжу ерагъмыгъуейуэ сызэфӀэтт.

9 Абы и макъыр зэрызэхэсхыу, сэ сыджалэри, лӀам хуэдэу, нэкӀукӀэ щӀым сыхэӀубауэ сыщылъащ.

10 Ауэ зыгуэр къызэӀусэри, сыкӀэзызурэ хьэлъакъуиплӀу сыкъигъэуващ.

11 «Тхьэм фӀэлъапӀэу Данил! – зыкъысхуигъэзащ абы, – иджы сэ уэ сыкъыпхуагъэкӀуащи, къызэфӀэуви, ныбжесӀэну псалъэхэр зыгурыгъаӀуэ». Абы ар къызжиӀа нэужь, сэ сыкӀэзызурэ сыкъэтэджащ.

12 ИтӀанэ абы адэкӀэ къыпищащ: «Умышынэ, Данил! ЗэхэщӀыкӀыныгъэ улъыхъуэу, Тхьэм и пащхьэ уи щхьэр бгъэлъахъшэн щыщӀэбдза махуэ дыдэм уи лъэӀур зэхахри, жэуапыр къыпхуэсхьыну сыкъагъэкӀуат,

13 ауэ Къэжэр пащтыхьыгъуэм и тепщэр махуэ тӀощӀрэ зыкӀэ къыспэщӀэтащ. Апхуэдэу къэжэр пащтыхьхэм си закъуэ сакъыщыбгъэдэнэм, тепщэ нэхъ лъагэхэм яз МыхьэӀил къакӀуэри къыздэӀэпыкъуащ.

14 Иджы уи деж сыкъэкӀуащ, лъэхъэнэм и кӀэм уи лъэпкъым къыщыщӀынур ныбжесӀэн щхьэкӀэ, къыпхуэлъэгъуар зэхьэлӀар а махуэхэращи».

15 Абы ар апхуэдэу къыщызжиӀэм, си напӀэр есхьэхри, си бзэр иубыдащ.

16 Абдежым цӀыху теплъэ зиӀэ гуэр си Ӏупэм къеӀусэщ, си бзэр къиутӀыпщыжри, си пащхьэ къитым зыхуэзгъэзащ: «Си зиусхьэн, – жысӀащ сэ, – мы къысхуэлъэгъуам апхуэдизу сызэхиукӀащи, зы къару къысхэнэжакъым.

17 Дауэ сэ, уи пщылӀыр, сызэрынопсэлъэнур? Зы къару схэтыжкъым, ерагъкӀэщ сызэрыбауэр».

18 Аргуэру а цӀыху теплъэ зиӀэр къыстеӀэбэри къару къысхильхьащ.

19 «Умышынэ, Тхьэм фӀэлъапӀэ! Зыри къыпщыщӀынукъым. ЛӀыгъэ зыхэгъэлъ, уи гур гъэбыдэ!» къызжиӀащ абы. Абдежым, си гур къызэрыгъуэтыжри, «Къызэпсалъэ, си зиусхьэн, уэ къару къысхэплъхьэжащ» жесӀащ.

20 ИтӀанэ ар къызэупщӀащ: «Сэ уи деж сыкъыщӀэкӀуар пщӀэрэ? – жиӀэри. – Дауи, куэд мыщӀэу сэ згъэзэжын хуейщ, Къэжэрым я тепщэм сезэуэн щхьэкӀэ, ар зэфӀэкӀмэ, Алыджым я тепщэр къэкӀуэнущ.

21 Ауэ япэщӀыкӀэ Пэжыгъэ Тхылъым итыр ныбжесӀэнущ. (Абыхэм сапэщӀэтыныр зыми къыздиӀыгъыркъым сэ, фи тепщэ МыхьэӀил фӀэкӀа.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan