Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -

Данил 1 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ


Данил сымэ бабылей пщӀантӀэм

1 Ехьукъим пащтыхьыр Ехьудейм зэрытетрэ илъэс ещанэр екӀуэкӀыу, Бабылейм и пащтыхь Нэбыхъунэщыр Ерусалим къекӀуалӀэри къитӀысыхьащ.

2 Тхьэуэ Зиусхьэным и ӀэмыркӀэ, Ехьудейм и пащтыхь Ехьукъим Нэбыхъунэщыр и ӀэмыщӀэ ихуащ, Тхьэм и Унэм щӀэт хьэкъущыкъу лъапӀэхэм щыщи ӀэщӀыхьащ. А хьэкъущыкъу лъапӀэхэр абы Бабылей щӀыналъэм ишэри и тхьэм и унэм щӀэт хъугъуэфӀыгъуалъэм ирилъхьащ.

3 Пащтыхьым и блыгущӀэтхэм я нэхъыщхьэу щыт Ӏэшпеназ унафэ хуищӀащ исрэӀил лъэпкъым ныбжьыщӀэ зыбжанэ къыхишыну: пащтыхь унагъуэрэ лӀакъуэлӀэшхэмрэ къахэкӀахэу,

4 зи Ӏэпкълъэпкъыр дертыншэрэ фафӀэхэу, сыт хуэдэ еджэныгъэми хуэгурыхуэрэ щӀэныгъэ зыбгъэдэлъхэу, зэхэщӀыкӀ зиӀэхэу. А щӀалэхэу, сэрей пщӀантӀэм пащтыхьым щыхуэлэжьэфын хуэдэхэм, бабылеибзэ ирагъащӀэн хуейт, бабылей тхылъхэми щӀагъэджыкӀын хуейт.

5 Пащтыхьым унафэ ищӀащ махуэ къэс езым и Ӏэнэм къытекӀ ерыскъыгъуэхэмрэ езыр зэфэ санэм хуэдэрэ абыхэм иратыну. ИлъэсищкӀэ ахэр ирагъэджа нэужь, пащтыхьым хуэлэжьэн щӀадзэн хуейт.

6 Абыхэм яхэтт ныбжьыщӀэ зыбжанэ Ехьудэ и лӀакъуэм щыщхэу: Данил, Хьэнан, МышрэӀил, Уэзий сымэ.

7 Пащтыхьым и блыгущӀэтхэм я нэхъыщхьэм абыхэм я цӀэр ихъуэжащ: Данил – Бэлътэщэр фӀищащ, Хьэнан – Шэдрахь, МышрэӀил – Мешэхь, Уэзий – ӀэведНэгу.

8 АрщхьэкӀэ Данил, пащтыхь Ӏэнэм къытекӀ шхыныгъуэхэмкӀи пащтыхьыр зэфэ санэм хуэдэмкӀи зимыуфӀеину игу ирилъхьэри, пащтыхьым и блыгущӀэтхэм я нэхъыщхьэм елъэӀуащ, абыхэмкӀэ зимыуфӀеину хуит къищӀыну.

9 Тхьэм и ӀэмыркӀэ ар Данил нэфӀкӀэ къеплъащ,

10 ауэ и лъэӀур къыхуищӀэфакъым: «Фшхынми фызэфэнми унафэ тезыщӀыхьа си зиусхьэн пащтыхьым сыщошынэ. Фэ фи ныбжь адрей щӀалэхэм нэхърэ фынэхъ фагъуэу абы гу къыфлъитэмэ, итӀанэ фэр щхьэкӀэ си щхьэр фӀихынущ», – жиӀэри.

11 Апхуэдэу щыхъум, Данил елъэӀуащ пащтыхьым и блыгущӀэтхэм я нэхъыщхьэм Данили, Хьэнани, МышрэӀили, Уэзии къахуигъэува кӀэлъыплъакӀуэм:

12 «КхъыӀэ, уи пщылӀхэр махуипщӀкӀэ дыгъэунэху хадэхэкӀрэ дызэфэну псырэ фӀэкӀа нэгъуэщӀ зыри тшхыну къыдумыту, – жиӀэри.

13 – ИтӀанэ ди теплъэмрэ пащтыхьым и шыгъупӀастэр зыӀухуэхэм я теплъэмрэ зэгъапщи, уи пщылӀхэм адэкӀэ сыт къыдэпщӀэнуми уэ езыр узэреплъыжщ».

14 КӀэлъыплъакӀуэр арэзы хъури махуипщӀкӀэ ахэр игъэунэхуащ.

15 МахуипщӀыр дэкӀа нэужь, абыхэм нэхъ узыншафи нэхъ фэфӀи ятетт пащтыхьым и шыгъупӀастэр зыӀухуэхэм нэхърэ.

16 Апхуэдэу щыхъум, кӀэлъыплъакӀуэм щӀалэхэм хэплъыхьауэ къыхуашэ шхыныгъуэхэмрэ санэмрэ я пӀэкӀэ хадэхэкӀхэр къаритурэ екӀуэкӀащ.

17 Тхьэм а ныбжьыщӀиплӀым сыт хуэдэ щӀэныгъэри къагурыӀуэфу зэхэщӀыкӀыныгъэшхуэ къаритащ. КъищынэмыщӀауэ, Данил, пщӀыхьэпӀэхэри сыт хуэдэ къэлъагъуэныгъэхэри зэхихуфу, зэчиишхуэ къыбгъэдилъхьащ.

18 Пащтыхьым игъэува пӀалъэр дэкӀа нэужь, и блыгущӀэтхэм я нэхъыщхьэм щӀалэхэр абы и пащхьэ иришащ.

19 Пащтыхьыр абыхэм епсэлъылӀэри, Данил, Хьэнан, МышрэӀил, Уэзий сымэ хуигъэдэн ирагъэджа гупым хэмыту къилъытащ. Апхуэдэу а плӀым пащтыхьым хуэлэжьэн щӀадзащ.

20 Ӏущыгъэрэ зэхэщӀыкӀыныгъэрэ хуэныкъуэу сыт хуэдэ ӀуэхукӀэ пащтыхьыр абыхэм еупщӀми, и пащтыхьыгъуэ псом щыӀэ Ӏэзэгъуазэхэмрэ мэгъухэмрэ нэхърэ ахэр пщӀыкӀэ зэрынэхъыфӀыр илъагъурт.

21 Данил абы щыӀащ, тетыгъуэр Кир пащтыхьым къыщыӀэщӀыхьа гъэм нэсыхукӀэ.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Lean sinn:



Sanasan