ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр2-НЭ ЕДЗЫГЪУЭ Мэссихьщ Зиусхьэныр 1 Фи псэм щыщ Мэссихь фигъэгушхуэркъэ? Абы и фӀылъагъуныгъэм фи гукъеуэр фщхьэщихыркъэ? Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи псэм хэлъкъэ? Гухуабагъэрэ гущӀэгъуныгъэрэ зэхувиӀэкъэ? 2 Абы щыгъуэ си гуфӀэгъуэр иривгъэкъу: Фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, а зы фӀылъагъуныгъэр фрыреӀэ, зэнэзэпсэу фыщыт. 3 Зэщыхьэными зыкъыфӀэщӀыжыными къахэкӀауэ зыри фымыщӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу. 4 Езым и щхьэм и Ӏуэху закъуэм иремыплъ хэти, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхуми ирыреплъ. 5 Фи гупсысэкӀэр Мэссихь Хьисэ и гупсысэкӀэм хуэдэ ирехъу: 6 Тхьэм и хьэл-щэныр Мэссихь Хьисэ хэлъа пэтми, Тхьэм зэрыхуэдэм и фӀагъ езым и щхьэм къригъэкӀыжыну и ужь итакъым. 7 Ауэ езым зигъэцӀыкӀури, ӀуэхутхьэбзащӀэм и щытыкӀэ иӀэ хъуащ. ЦӀыхум хуэдэ хъуащ, и теплъэри цӀыхухэм я теплъэм хуэдэу щытащ. 8 Езым зигъэлъахъшэри, щылӀэнум нэсыху, Тхьэм хуэӀурыщӀащ, жорым щыкӀэрылӀыхьам нэсыху. 9 Аращи, Тхьэм ар игъэинри, цӀэ псоми нэхърэ нэхъ цӀэшхуэр къритащ. 10 Апхуэдэу щӀэхъуар Хьисэ и цӀэм щӀыхь хуащӀурэ къэхъугъэ псори лъэгуажьэмыщхьэу тӀысын щхьэкӀэщ, уафэми, щӀылъэми, щӀы щӀагъми щыӀэхэр аращ, 11 бзэ псоми Хьисэ Мэссихь зэры-Зиусхьэныр псоми я пащхьэм къыщыжаӀэн щхьэкӀэщ. Апхуэдэуи Тхьэуэ Адэ лъапӀэм щӀыхьышхуэ хуащӀынущ. Вагъуэхэм фахуэдэу цӀыхухэм факъызэрыхэлыдыкӀынур 12 Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, фи деж сыщыщыӀам, фыкъысхуэӀурыщӀэу фызэрыщытам хуэдэу, иджы, фи деж сыщыщымыӀэми, абы нэхърэ нэхъ куэдкӀэ фыкъысхуэӀурыщӀэн хуейщ: Тхьэм и фӀэлӀыкӀ фи гум илъу, фи гур къикӀэзызыкӀыу, фымыкӀуэду фыкъызэрелыным куэду и ужь фит, 13 езым игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм фахуеинуи влэжьынэуи лъэкӀыныгъэ къывэзытыр Тхьэращи. 14 Сыт фщӀэми, фымытхьэусыхэу икӀи фи гум шэч къивмыгъэхьэу, фщӀэ, 15 къуаншагъэ лъэпкъ фэ вбгъэдэмылъын икӀи гукъабзагъэ фиӀэн щхьэкӀэ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, зыми фызэригъэкъуэншэн лъэпкъ щымыӀэу, цӀыху ерыщу икӀи къуаншэхэм фахэтми, Тхьэм фрибынынущ. 16 ГъащӀэ диӀэ зыщӀ псалъэхэр фи Ӏэм илъу, дуней кӀыфӀым къыхэцӀуукӀ вагъуэхэм хуэдэу а цӀыхухэм факъыхэлыдыкӀынущ. Апхуэдэу щыхъукӀэ, сызэрыфхуэлэжьар икӀи сызэрыфхуешар пщӀэншэ зэрымыхъуам Мэссихь дунейм къыщыкӀуэжыну махуэм сригуфӀэнущ. 17 Фэ Тхьэм хуэфщӀ къурмэныпхъэр фи фӀэщхъуныгъэр арщ. А къурмэныпхъэм сэ си гъащӀэм илъ хэлъэда хъуми, сыгуфӀэнущ икӀи фэ псоми сывигъусэу сыгуфӀэнущ. 18 Аращи, фэри фызигъусэу фыгуфӀэн хуейщ фи гуапэу. Тимофейрэ Епафродитрэ 19 Тимофей куэд мыщӀэу ныфхуэзгъэкӀуэфынкӀэ Зиусхьэн Хьисэ сыщогугъ, фи хъыбархэр зэхэсхыу си гур псэхужын щхьэкӀэ. 20 Тимофейм фӀэкӀа, и фӀэщу къыфхуэгузавэ нэгъуэщӀ зыри сиӀэкъым. 21 ЦӀыху псори езыхэм я Ӏуэхухэм я ужь итщ, Хьисэ Мэссихь игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм я ужь иткъым. 22 Тимофей зэрыцӀыху пэжыр фэ фощӀэ. Къуэр и адэм зэрыдэлажьэм хуэдэу, хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и ӀуэхукӀэ къыздэӀэпыкъуащ. 23 Си Ӏуэхухэр зэрыхъунур къызэрысщӀэу, ар ныфхуэзгъэкӀуэнкӀэ согугъэ. 24 Сэри куэд мышӀэу фи деж нытезгъэзэнкӀэ Зиусхьэным сыщогугъ. 25 Абы нэмыщӀу, Епафродит ныфхуэзгъэкӀуэжын хуейуэ солъытэ. Ар дэ ди къуэшщ, абырэ сэрэ дызэдэлэжьащ, хъыбарыфӀми дызэгъусэу дыхущӀэкъуащ. ДэӀэпыкъуэгъу сыхуэныкъуэ щыхъум, къыскӀэлъыплъын щхьэкӀэ ар лӀыкӀуэ къысхуэфщӀащ. 26 Фэ псори филъагъужыну ину щӀохъуэпс, зэрысымаджэр зэрызэхэфхам щхьэкӀи езыр мэгузавэ. 27 Пэжщ, лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуауэ сымэджащ. Ауэ Тхьэм гущӀэгъу къыхуищӀащ, абы и мызакъуэу, сэри гущӀэгъу къысхуищӀащ, си гум къемыуэн даӀимауэ щхьэкӀэ. 28 НыфхуэзгъэкӀуэжыну сыщӀыхуэпӀащӀэр ар фэ къыфхыхьэжмэ, фызэрыгуфӀэнур, сэ си гузэвэгъуэри нэхъ мащӀэ зэрыхъунур сощӀэри аращ. 29 Зиусхьэныр фэ фи псэм зэрыщыщым хуэдэу, абы и псэми зэрыщыщым щхьэкӀэ, фыхуэгуфӀэу фыкъыпежьэ. Абы хуэдэ цӀыхухэм щӀыхь яхуэфщӀ, 30 Мэссихь и Ӏуэхум щхьэкӀэ ар лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуауэ щытащ. Фэ къысхуэфщӀэн флъэмыкӀа Ӏуэхур къысхуищӀэн щхьэкӀэ, и псэм щымысхьу, лӀэныгъэм и гъунэгъу хъуащ ар. |
© Библиер зэдзэкӀыным елжь Институт, 1993, 2007, 2011, 2017
Institute for Bible Translation, Sweden