Biblia Todo Logo
Online Bible

- Advertisements -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:3 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

3 Уэ, къыздэлажьэ ныбжьэгъу пэжым, абыхэм уадэӀэпыкъуну сынолъэӀу. ХъыбарыфӀыр ӀуэтэнымкӀэ къыздэлэжьащ ахэр, Климентрэ адрей къыздэлажьэхэмрэ я гъусэу. Абыхэм я цӀэхэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтыну цӀыхухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым иратхащ.

See the chapter Copy




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 4:3
28 Cross References  

Ауэ жин бзаджэхэр фи ӀэмыщӀэ зэрилъым щхьэкӀэ фымыгуфӀэу, фи цӀэхэр уафэм щыӀэ тхылъым зэритым щхьэкӀэ фыгуфӀэ.


Аращи, Тхьэм гущӀэгъу къызэрытхуищӀам щхьэкӀэ, хуабжьу сыныволъэӀу: Тхьэм и гум ирихьу, къурмэныпхъэ псэууэ, къурмэныпхъэ лъапӀэм хуэдэу, Тхьэм и ӀэмыщӀэ зифлъхьэ. Аращ гурэ псэкӀэ Тхьэр зэрывгъэлъэпӀэн хуейр.


Зиусхьэным фӀыуэ хуэлажьэ цӀыхубзу Трифенэрэ Трифосэрэ фӀэхъус схуефхыж. Зиусхьэным фӀыуэ хуэлэжьа, фӀыуэ тлъагъу цӀыхубзу Персидэ фӀэхъус схуефхыж.


Ди гъусэу Мэссихь хуэлэжьа Урбанрэ фӀыуэ слъагъу Стахийрэ фӀэхъус схуефхыж.


Фэ фщӀэну сыхуейщ, си къуэшхэ, сэ къызэхъулӀэ Ӏуэхухэм я фӀагъ хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и Ӏуэхум къызэрекӀар.


Япэрейхэм я гум зэщыхьэныр илъу, Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм гуфӀеягъэкӀэ хуаӀуатэ. Си Ӏэпхлъэпхыр нэхъри нэхъ шэчыгъуей ящӀыну я гум илъщ.


Псом япэрауэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым хуэфащэу фыпсэу. Абы щыгъуэ сынакӀуэу фыслъагъумэ, е сынэмыкӀуэми, фи хъыбарыр зэхэсхмэ, зэнэзэпсэу захуагъэм пэжкӀэ фытету, фи фӀэщ хъуа хъыбарыфӀым щхьэкӀэ фызэгурыӀуэу фызэрызэдэлажьэри,


япэрей махуэм къыщыщӀэдзауэ нобэм къэсыху хъыбарыфӀым хуэзлэжьа Ӏуэхум фи Ӏыхьи хэлъщи.


Апхуэдэу фэ псоми щхьэкӀэ сызэрыгупсысэр тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэпхлъэпх сащӀауэ щытми, хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап щесткӀи, хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр къыщызгъэлъагъуэкӀи, си псэм сыт щыгъуи фыщыщщ фэ псори – си гъусэу Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа цӀыхухэр.


Зиусхьэныр я псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, Еводие Синтихие цӀыхубзхэм зы гупсысэкӀэ яӀэ хъуну солъэӀу.


ФӀыуэ тлъагъу, къыддэлажьэ Епафрас хъыбарыфӀыр фигъэщӀащ. Абы и фӀагъ къывигъэкӀыурэ, Мэссихь пэжыгъэкӀэ хуолажьэ.


Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ, зи цӀэхэр Щынэ фӀагъэжам и тхылъым ит цӀыхуу гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа къэмынэу, щӀылъэм тет адрей цӀыху псоми хьэщхьэвылъэр ягъэлъэпӀэнущ.


Хьэщхьэвылъэу плъэгъуар щыӀащ, ауэ иджы щыӀэжкъым. Ар щӀылъэм и кууупӀэу щӀэ зимыӀэм къыщӀэкӀынущ, кӀуэдыпӀэм кӀуэн щхьэкӀэ. Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъ щыӀэщ. ЩӀылъэм тет цӀыхуу зи цӀэхэр а тхылъым имытхэм а хьэщхьэвылъэр щалъагъукӀэ, ягъэщӀэгъуэнущ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ хьэщхьэвылъэр щыӀащ, иджы щыӀэжкъым, ауэ къэлъэгъуэжынущ.


ЦӀыху лӀахэр, цӀыкӀуи ини, тахътэм и пащхьэм иту слъэгъуащ. МелыӀычхэм тхылъ гуэрхэр зэгуахащ. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт нэгъуэщӀ тхылъи зэгуахащ. ЦӀыху лӀахэм ялэжьа Ӏуэхуу а тхылъхэм ярытым яхуэфащэ хьэкумыр тахътэм тесым ятрищӀыхьащ.


МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым зи цӀэхэр ирамыгъуэта цӀыхухэр мафӀэм ис хым хадзащ.


Къабзэныгъэ зимыӀэр а къалэм дыхьэнукъым. ЕмыкӀу зыщӀи пцӀыупси дыхьэнукъым абы. Зи цӀэр Щынэм и тхылъым иту, мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм фӀэкӀа, а къалэм зыри дыхьэнукъым.


Абыхэм хуэдэу щыгъын хужьхэр щыгъынущ текӀуэныгъэр къэзыхьым. МыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтынухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым абы и цӀэр зэикӀ изгъэкӀуэдыкӀынукъым. Абы и цӀэр зэрысщӀэр си Адэмрэ абы и мелыӀычхэмрэ я пащхьэм щыжысӀэнущ.


Follow us:

Advertisements


Advertisements