Biblia Todo Logo
Online Bible

- Advertisements -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Куэдрэ зэрывжесӀам хуэдэу, иджыри си нэпсхэр къехуэхыурэ, нывжызоӀэ: ЦӀыху куэд Мэссихь и жорым бий хуэхъуащ.

See the chapter Copy




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 3:18
30 Cross References  

Ерусалим пэгъунэгъу хъууэ, къалэр щилъагъум, абы хуэгъыурэ, Хьисэ жиӀащ:


Пагагъэ лъэпкъ сигу имылърэ, си гур куэдрэ къигъыкӀыу, журтхэм щэхуу щӀэпхъаджагъэу къыскӀэлъызэрахьэну я гум илъу щытамкӀэ хьэзаб куэд сагъэшэчурэ, Зиусхьэным сыхуэлэжьащ.


Сэ жыхуэсӀэр мыращ: ГухэщӀышхуэрэ зэпымыужын гукъеуэрэ сиӀэщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кӀуэдыпӀэм и гъуэгу тетхэм я дежкӀэ жорым и хъыбарыр делагъэу щытщ, ауэ дэркӀэ, дымыкӀуэду Тхьэм къригъэлхэмкӀэ, Тхьэм и къарур жорым хэлъщ.


Шыпкъагъэ зимыӀэ цӀыхухэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къазэрылъымысынур фщӀэркъэ? Фи щхьэр къэвмыгъэпцӀэж: Зинэ зыщӀэхэми, тхьэ нэпцӀхэр зыгъэлъапӀэхэми, цӀыхухъухэм фыз папщӀэу екӀуалӀэхэми,


Апхуэдэ цӀыхухэр апостол нэпцӀхэщ, лэжьакӀуэ гъэпцӀакӀуэхэщ. Мэссихь и апостол хуэдэу, загъэӀу къудейщ.


Хэт гурэ псэкӀэ лъэкӀыныгъэ имыӀэми, сэ абы сригъусэщ. Хэт гуэныхьым зыӀэпишэми, сэ си гур мафӀэм ис къысщохъу абы щхьэкӀэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ гузэвэгъуэшхуэрэ гухэщӀыгъэшхуэрэ сиӀэу, сыгъыурэ ныфхуэстхащ. Фи гур хэзгъэщӀын щхьэкӀэкъым аракъым ныщӀэстхар, атӀэ фэ фхузиӀэ фӀылъагъуныгъэр зэрыиныр фэзгъэщӀэн щхьэкӀэщ.


НэгъуэщӀ хъыбарыфӀ* щыӀэкъым. ЦӀыху гуэрхэм фи щхьэхэр зэӀагъэхьэ, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀри зэрахъуэкӀыну хуейщ.


ХъыбарыфӀым и щыпкъагъэм зэрытемытыр щыслъагъум, псоми я пащхьэм Петр щыжесӀащ: «Уэ ужурт пэтми, журт хабзэхэм утемыту, хамэ лъэпкъхэм я хабзэхэм утету уопсэу. АтӀэ сыт журт хабзэкӀэ мыжуртхэр бгъэпсэуну ущӀыхэтыр?»


Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм сыхуэмейуэ щыткъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм Торэт хабзэм итхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум щыпкъагъэ иӀэу илъытатэмэ, абы щыгъуэ Мэссихь пщӀэншэу лӀауэ хъунт.


зым зыр илъагъу мыхъуныр, цӀыху укӀыныр; удэфэныр, щхьэрутӀыпщу ефэ-ешхэ щӀыныр, апхуэдэ нэгъуэщӀ Ӏуэхухэри. Нэхъапэм нызэрывжесӀам хуэдэу иджыри нывжызоӀэ, апхуэдэ икӀагъэхэр зылэжьхэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкӀэ Ӏыхьэ къалъысынукъым.


Дунейм и цӀыхухэм я щытхъум хуейхэращ сунэт зевгъэщӀын хуейуэ фыхэзыгъэзыхьхэр. Апхуэдэу щӀащӀ закъуэр Мэссихь и жорым щхьэкӀэ езыхэм гугъуехь зрамыгъэшэчыну арщ.


Сэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и жорым фӀэкӀа нэгъуэщӀым сыщытхъуну сыхуейкъым. Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, мы дунейм и Ӏуэхухэм пщӀэ зыри ямыӀэжу, сэ си дежкӀэ ахэр жорым ираӀулӀам хуэдэщ, сэри мы дунейм и Ӏуэхухэм я дежкӀэ цӀыхухэм жорым ираӀулӀам сыхуэдэщ.


Зиусхьэным и цӀэкӀэ куэду фхузогъэбыдэ: Хамэ лъэпкъхэм я щхьэхэр нэщӀу зэрыпсэум хуэдэу фымыпсэу.


Сыт щыгъуи, фэ псоми щхьэкӀэ Тхьэм сыщелъэӀукӀэ, си гуапэу солъэӀу,


Мы ӀуэхумкӀэ зыми и къуэшым мыхъумыщӀэ иримыщӀэну е къимыгъэпцӀэну хуейщ Тхьэр. ЗэрывжетӀам икӀи зэрывгурыдгъэӀуам тету, апхуэдэ бзаджагъэ зыщӀэ цӀыху псоми яхуэфащэр Зиусхьэным яригъэпшыныжынущ.


Фэ фщыщ цӀыху гуэрхэм лэжьэн ямыдэу зэхэтхащ. Абыхэм Ӏуэху ящӀэркъым, ауэ я Ӏуэху зыхэмылъым хэтщ.


псом хуэмыдэу цӀыхуу зи гуэныхьыщӀэ хьэл-щэныжьым и хъуэпсэныгъэ фӀейхэм зэрашэу, тепщэныгъэ зиӀэхэр зэзымыпэсхэр. Уафэм тепщэныгъэ щызиӀэхэми пхъашэу, ерыщу хуэшхыдэным щышынэркъым ахэр.


Зи фӀейр дэзыдзей толъкъунхэм яхуэдэщ, вагъуэ гъуэщахэу кӀыфӀыгъэм и кууупӀэр Тхьэм игъащӀэкӀэ къызыхуигъэнахэм яхуэдэщ.


Follow us:

Advertisements


Advertisements