Biblia Todo Logo
Online Bible

- Advertisements -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Езым зигъэлъахъшэри, щылӀэнум нэсыху, Тхьэм хуэӀурыщӀащ, жорым щыкӀэрылӀыхьам нэсыху.

See the chapter Copy




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:8
26 Cross References  

Абдежым Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абыхэм я пащхьэм. И напэр дыгъэм хуэдэу зэщӀэлыдащ, и щыгъынхэри уэсым хуэдэу хужьыбзэ хъуащ.


Хьисэ тӀэкӀу ӀукӀуэтщ, щӀым бгъэгукӀэ зытридзэри, Тхьэм елъэӀуу жиӀащ: – Си Адэ, хъуну щытмэ, мы гугъуехьым и фалъэр сӀых. АтӀэми сэ сызэрыхуейр мыхъуу, уэ узэрыхуейр ирехъу.


Хьисэ етӀуанэуи ӀукӀри, Тхьэм елъэӀуурэ жиӀащ: – Си Адэ, мы гугъуехь шэчыным и фалъэр сӀыпх мыхъунумэ, уэ узэрыхуейуэ ирехъу.


Тхьэм зделъэӀум, Хьисэ и нэкӀум и теплъэм зихъуэжащ, и щыгъынхэри хужьыбзэу лыд хъуащ.


Сэ си псэр зыми стрихыркъым, сэр-сэру сот. Ар стынуи зыхэзгъэхьэжынуи лъэкӀыныгъэ сиӀэщ. Ар си Адэ къысхуищӀа и унафэщ.


Ауэ Адэ лъапӀэр фӀыуэ зэрыслъагъури, унафэу къысхуищӀахэр зэрызгъэзэщӀари дунейм и цӀыхухэм ящӀэн хуейщ. Фыкъэтэджи, мыбдежым дыӀувгъэкӀыж.


Фэ си унафэхэр щывгъэзащӀэкӀэ, сэ фэри сыт щыгъуи фӀыуэ фыслъагъунущ, си Адэм и унафэхэр зэрызгъэзэщӀам щхьэкӀэ, абы сыт щыгъуи фӀыуэ сызэрилъагъум хуэдэу.


– Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкӀуар зыхуейр злэжьыну, абы и Ӏуэхур нэзгъэсыну аращ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


Езыр ягъэпудащ икӀи хабзэм къемызэгъыу хьэкум тращӀыхьащ. А зэманым псэуа цӀыхухэм я бзаджагъэр здынэсыр къипщын зылъэкӀынур хэт? Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ и псэр мы дунейм щыхахащ».


Зы цӀыху закъуэр Тхьэм зэремыдэӀуам къыхэкӀкӀэ, цӀыху куэд гуэныхьыщӀэ хъуащ. Апхуэдэу, зы цӀыху закъуэр Тхьэм зэредэӀуам щхьэкӀи, Тхьэм цӀыху куэдми щыпкъагъэ яӀэу илъытэнущ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.


Ди къуаншагъэм хуэфащэ гугъуехьыр езым зэрызытрилъхьамкӀэ, Торэт хабзэм дызэригъэкъуэнша Ӏуэхур дэ тщхьэщихыжри, ди щхьэхэр къищэхужащ Мэссихь, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «Пкъом кӀэралӀыхь дэтхэнэми Тхьэм и ней къыщохуэ».


Мэссихь и псэр дэр щхьэкӀэ итащ. И псэр щӀитар бзаджагъэ псоми дыхишыжу, ди щхьэхэр ищэхужын щхьэкӀэщ икӀи фӀы щӀэным дигурэ ди псэкӀи дыхэту, езым и лъэпкъ дыхъун папщӀэ, ди гур игъэкъэбзэжын щхьэкӀэщ.


Хьисэ ди нэхэр тедвгъэгъэт. Аращ фӀэщхъуныгъэм и гъуэгум дытезыгъэхьэу, пашэ къытхуэхъуу ди фӀэщхъуныгъэр нэгъэса зыщӀыр. И пащхьэм илъу щыта гуфӀэгъуэм щхьэкӀэ, цӀыхухэм жорым зэрыраӀулӀам и гугъуехь ишэчащ, жорым и емыкӀуми еплъакъым ар, Тхьэм и тахътэм и ижьырабгъумкӀэ бгъэдэтӀысхьащ.


Гуэныхьым фебэну, лъы къыфщӀэкӀыху, иджыри къэс фыпэувакъым абы.


Жорым щраӀулӀым, ди гуэныхьхэр къытщхьэщихыурэ, абыхэм яхуэфащэ гугъуехьыр езым и пкъым трилъхьащ, гуэныхь щӀэным дыкъыбгъэдишыжу, щыпкъагъэм дыхуэпсэун щхьэкӀэ. Абы и уӀэгъэхэмкӀэ фигъэхъужащ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Тхьэм дыбгъэдишэн щхьэкӀэ, ди гуэныхьхэм папщӀэ гугъуехь зэ ишэчащ, абыхэм папщӀэ афӀэкӀа имышэчыжыну. Щыпкъагъэ игу илъу, щыпкъагъэ зигу имылъхэм щхьэкӀэ гугъуехь ишэчащ абы. ЦӀыхухэм щалӀым, лӀэн хуей цӀыхут ар. Тхьэм ар лӀахэм къащыхигъэтэджыкӀыжым, мылӀэжын щыт псэуэ щытт.


Follow us:

Advertisements


Advertisements