22 Тимофей зэрыцӀыху пэжыр фэ фощӀэ. Къуэр и адэм зэрыдэлажьэм хуэдэу, хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и ӀуэхукӀэ къыздэӀэпыкъуащ.
Листрэрэ Икониерэ дэс къуэшхэм а лӀым пщӀэ хуащӀырт.
Теубыдагъэм Тхьэм и гум ирихь Ӏэдэбыгъэр къыхокӀ. Ӏэдэбыгъэм Тхьэм ӀыхьэфӀыр къызэрытлъигъэсынум дызэрыщыгугъыр къыхокӀ.
Тимофей накӀуэмэ, фи деж шынагъуэ щыхэвмыгъахуэ. Сэ схуэдэу, абыи Зиусхьэным и Ӏуэху ещӀэ.
Абы щхьэкӀэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу, узыщыгугъ хъун Тимофейуэ си щӀалэ лъапӀэм хуэдэр ныфхузогъакӀуэ. Члисэ зэхуэс псоми зэрезгъащӀэм тету, Мэссихь и гъуэгу сытету сызэрызекӀуэр Тимофей фи гум къигъэкӀыжынущ.
НыщӀыфхуэстхар фи щыпкъагъэр здынэсыр згъэунэхуну, сыт ищӀысымкӀи фыкъысхуэӀурыщӀэмэ зэзгъэщӀэну аращ.
Абы нэмыщӀу, ди къуэшу зи егугъуныгъэшхуэр куэдрэ икӀи лъэныкъуэ ӀэджэкӀи зыгъэщыпкъар адрейхэм я гъусэу ныфхудогъакӀуэ. Иджы куэду къызэрыфщыгугъым щхьэкӀэ нэхъри нэхъ егугъу хъуащ.
Аращи, члисэ зэхуэсхэм я пащхьэм фи фӀылъагъуныгъэри фхуэфащэу дызэрыфщытхъури мы къуэшхэм евгъэлъагъу.
Мыр унафэу ныфхуэсщӀыркъым, ауэ нэгъуэщӀхэм яӀэ егугъуныгъэшхуэм хуэзгъадэурэ, фэ фиӀэ фӀылъагъуныгъэм и щыпкъагъэр згъэунэхуну сыхуейщ.
Фэ фщӀэну сыхуейщ, си къуэшхэ, сэ къызэхъулӀэ Ӏуэхухэм я фӀагъ хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и Ӏуэхум къызэрекӀар.
Япэрейхэм я гум зэщыхьэныр илъу, Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм гуфӀеягъэкӀэ хуаӀуатэ. Си Ӏэпхлъэпхыр нэхъри нэхъ шэчыгъуей ящӀыну я гум илъщ.
япэрей махуэм къыщыщӀэдзауэ нобэм къэсыху хъыбарыфӀым хуэзлэжьа Ӏуэхум фи Ӏыхьи хэлъщи.
Апхуэдэу фэ псоми щхьэкӀэ сызэрыгупсысэр тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэпхлъэпх сащӀауэ щытми, хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап щесткӀи, хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр къыщызгъэлъагъуэкӀи, си псэм сыт щыгъуи фыщыщщ фэ псори – си гъусэу Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа цӀыхухэр.
Тимофейм фӀэкӀа, и фӀэщу къыфхуэгузавэ нэгъуэщӀ зыри сиӀэкъым.
Си къуэ Тимофей, Тхьэм езым и псалъэу уэ къыптеухуауэ цӀыху гуэрхэм я гум кърилъхьэу къажригъэӀахэм тету мы унафэр ныпхузощӀ. А псалъэхэм тету зауэлӀыр фӀыуэ зэрызауэм хуэдэу,
Уэ, Тимофей, фӀэщхъуныгъэ узэриӀэм щхьэкӀэ, си къуэ пэжым хуэдэ хъуам, мы тхылъыр ныпхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ Мэссихь Хьисэу ди Зиусхьэнымрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэ, гузэгъэгъуэ къыплърес.
Мы Ӏуэхухэр ди къуэшхэм ягурыбгъаӀуэмэ, фӀэщхъуныгъэм и псалъэхэмкӀи ди фӀэщхъуныгъэм дигъащӀэ, узытет ӀуэхуфӀхэмкӀи лъэкӀыныгъэ зэбгъэгъуэтурэ, Хьисэ Мэссихь фӀыуэ хуэлажьэхэм уащыщщ итӀанэ.
Уэ, фӀыуэ слъагъу си къуэ Тимофейм, мы тхылъыр ныпхузотх. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ ди Зиусхьэн Мэссихь Хьисэрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэ, гущӀэгъуныгъэ, гузэгъэгъуэ къыплърес.
Сэ цӀыхухэм езгъащӀэ Ӏуэхухэр, си псэукӀэр, си мурадыр, си фӀэщхъуныгъэр, си шыӀэныгъэр, си фӀылъагъуныгъэр, си теубыдагъэр уощӀэ.
Уэ, Тит, мы тхылъыр ныпхузотх. Зы фӀэщхъуныгъэ зэрыдиӀэм щхьэкӀэ си къуэ пэжым хуэдэ ухъуащ. Тхьэуэ Адэ лъапӀэмрэ дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихьрэ къабгъэдэкӀыу нэфӀ щыхуэныгъэрэ гузэгъэгъуэрэ къыплърес.