21 ЦӀыху псори езыхэм я Ӏуэхухэм я ужь итщ, Хьисэ Мэссихь игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм я ужь иткъым.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ итӀанэ: – Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Ӏуэхугъуэхэр кърегъанэ, лӀэныгъэм и жорыр кърещти, си ужь къреувэ.
– Ар хэтуи щрет, гъусэ зыкъысхуэзыщӀауэ, и анэр, и фызыр, и бынхэр, и къуэшхэр, и шыпхъухэр фӀыуэ зэрилъагъум, и псэри фӀыуэ зэрилъагъум нэхърэ сэ нэхъыфӀу сызымылъагъур си гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ хъуфынукъым.
Паулрэ и гъусэхэмрэ Паф къалэм кхъухькӀэ щежьэри, Памфилие хэкум щыщ Пергие къалэм кӀуащ. Иуан ахэр абы къыщинэри, Ерусалим игъэзэжащ.
Ауэ Паул ар я гъусэу здашэныр игъуэу къилъытакъым; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ МарккӀэ зэджэ Иуан Памфилие хэкум щабгъэдэкӀри, абыхэм Ӏуэху ядищӀэну ядэкӀуэтэкъым.
Езым и фӀагъ зыхэлъым и ужь иремыт хэти, атӀэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм я фӀагъ зыхэлъым и ужь ирырет.
Сэри сщӀэ Ӏуэху псомкӀи цӀыху псоми я гум сызэрырихьыным сыхэтщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ сэ си фӀагъкъым зи ужь ситыр, атӀэ цӀыху куэдым я фӀагъщ, ахэр мыкӀуэду Тхьэм къригъэлын щхьэкӀэ.
ФӀылъагъуныгъэм хабзэншагъэ зэрихьэркъым, езым и щхьэм и фӀагъ къилъыхъуркъым, зигъэгусэркъым, бзаджагъэми егупсысыркъым.
Мэссихь ишэча гугъуехьхэм ди Ӏыхьи куэду зэрыхэлъым хуэдэу, Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм дигу икъукӀэ егъэзагъэ.
Езым и щхьэм и Ӏуэху закъуэм иремыплъ хэти, нэгъуэщӀ цӀыхухэм я Ӏуэхуми ирыреплъ.
Асие хэкум ис псори, абыхэм Фигеллрэ Ермогенрэ яхэту, зэрызэбгъэдэкӀыжар уощӀэ.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ цӀыхухэм езыхэм фӀыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фӀыуэ ялъагъунущ, закъыфӀэщӀыжынущ, пэгэнущ, шхыдэрейуэ щытынущ, адэ-анэхэм едэӀуэнукъым, арэзыныгъэ яӀэжынукъым, Тхьэр ягъэлъэпӀэнукъым, фӀылъагъуныгъэ яӀэжынукъым;
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Димас мы дунейр фӀыуэ илъэгъуати, сэ сыкъигъанэри, Фессалоникэ къалэм кӀуащ. Крискент Галатие хэкум кӀуащ, Тити Далмацие хэкум кӀуащ. Си деж къэнар Лука закъуэщ.
ХеящӀэм и пащхьэм зыщызгъэхеину япэ дыдэ сыщыхэтам, зыри дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъуакъым, псоми сыхыфӀадзэжащ. КъызащӀар Зиусхьэным ярыремыгъэпшыныж.