Biblia Todo Logo
Online Bible

- Advertisements -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Фи псэм щыщ Мэссихь фигъэгушхуэркъэ? Абы и фӀылъагъуныгъэм фи гукъеуэр фщхьэщихыркъэ? Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи псэм хэлъкъэ? Гухуабагъэрэ гущӀэгъуныгъэрэ зэхувиӀэкъэ?

See the chapter Copy




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 2:1
42 Cross References  

Зиусхьэным и ӀурыщӀэу, жэщым Абы и унэшхуэм щӀэт псори, фынакӀуэ, Зиусхьэным щӀыхь хуэдвгъэщӀ иджы!


СимеонкӀэ зэджэ лӀы гуэр Ерусалим дэсащ абы щыгъуэ. Ар щыпкъагъэри Тхьэм и фӀэлӀыкӀыри зигу илъ цӀыхут. Израил и гукъеуэр Тхьэм ящхьэщихыным пэплъэрт ар. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри и гум илът абы.


Пэжщ, ибэу фыкъэзгъэнэнукъым; фи деж сыкъэкӀуэжынущ.


Гузэгъэгъуэ къыфхузогъанэ, си гузэгъэгъуэр фызот: Гузэгъэгъуэу сэ фэстыр дунейм къывитын лъэкӀынукъым. Фымыгузавэ икӀи фымышынэ.


– Ауэ иджы уи деж сынэкӀуэжынущ. Дунейм сытетыху, мы псалъэхэр жызоӀэ, си гуфӀэгъуэр абыхэм ягу нэгъэсауэ илъ хъун щхьэкӀэ.


Махуэ къэс зэакъылэгъуу, Тхьэм и унэшхуэм щызэхуэс зэпытт. Я унэхэми щӀакхъуэр щызэгуащӀыкӀырт, зэщыгуфӀыкӀрэ ягу зэхуэкъабзэу зэдэшхэрт.


ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ псори ягурэ я псэкӀэ зыт. Зыми и мылъкум теухуауэ «Мыр сысейщ» жиӀэртэкъым, атӀэ яӀэ псори я зэхуэдэт.


Дызэрыщыгугъым дыхущӀригъэгъуэжыркъым, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэу къыдитамкӀэ абы и фӀылъагъуныгъэр ди гум ину кърилъхьащи.


Апхуэдэу дэ, лъэкӀыныгъэ зимыӀэхэм, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыддоӀэпыкъу; Тхьэм дызэрелъэӀун хуей щӀыкӀэр тщӀэркъыми. Ауэ псалъэхэм къамыубыд щэӀумкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Тхьэм тхуолъэӀу.


Дэ псори дыжуртми, дыалыджми, дыпщылӀми, дыщхьэхуитми, а зы Псэ ЛъапӀэр ди гум илъын щхьэкӀэ дыщаумэхъым, Мэссихь и пкъым щыщ дыхъуащ псори. Мэссихьи а зы Псэ ЛъапӀэм ди Ӏыхьэ хэлъ ищӀащ.


Си къуэшхэ, Мэссихь Хьисэ ди Зиусхьэныр фэ фи псэм зэрыщыщымкӀэ сызэрыпагэр зэрыщыпкъэм хуэдэу, лӀэныгъэм махуэ къэси сызэрыпэгъунэгъури пэжщ.


Тхьэм и унэшхуэм фызэрыхуэдэри Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр фи гум зэрилъри фщӀэркъэ?


ЩӀыхьышхуэр зейр Тхьэращ. Мэссихь ди псэм щыщщи, Тхьэм текӀуэныгъэр къыдигъэхь зэпытщ, Мэссихь теухуа хъыбару мэ гуакӀум хуэдэр цӀыхухэм дэнэкӀи яхурегъэхь дэ тщӀэ ӀуэхумкӀэ.


Тхьэм фызэрибыным щхьэкӀэ абы и Къуэм и Псэ ЛъапӀэу «Аббэ, ди Адэ!» жызыӀэу фи гум кърилъхьащ.


Ауэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къыбгъэдэкӀ фӀыхэр мыращ: ФӀылъагъуныгъэр, гуфӀэгъуэр, гузэгъэгъуэр, шыӀэныгъэр, фӀыгъуэр, гущӀэгъуныгъэр, фӀэщхъуныгъэр,


Зы пкъым дыщыщыщщ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэри зыщ, дызыщыгугъыу дызыпэплъэ Ӏуэхуу Тхьэм дыкъызыхуриджари зыщ.


Хьисэ Мэссихь и фӀылъагъуныгъэр си гум илъу сэ фӀыуэ фызэрыслъагъумкӀэ Тхьэр си щыхьэтщ.


Сунэт ипэжыпӀэкӀэ ящӀар дэращ, – дэ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀэ Тхьэм хуэлажьэу, Мэссихь Хьисэ ирипагэу, пкъым епха Ӏуэхухэм ящымыгугъхэр.


Хуабжьу сыщӀэлажьэр а цӀыхухэр згъэгушхуэн, фӀылъагъуныгъэкӀэ зэнэзэпсэ сщӀын щхьэкӀэщ. Апхуэдэу Тхьэм и щэхуу Мэссихьыр къащӀэн щхьэкӀэ, уасэшхуэ зиӀэ зэхэщӀыкӀ нэсауэ яӀэ хъунущ.


Фэ, гукъабзагъэ зиӀэ Тхьэм къыхиха цӀыхухэм, абы фӀыуэ илъагъухэм, гущӀэгъунри, фӀыгъуэри, мыпэгэнри, гущабагъэри, шыӀэныгъэри фи гум ивгъэлъ.


Апхуэдэу зэпхъуэкӀ мыхъуну ӀуэхуитӀ щыӀэщ. Ар Тхьэуэ зэрыщытым щхьэкӀэ, а ӀуэхуитӀыр зэримыгъэзэщӀэн гъуэгу щыӀэкъым. Дэ, Тхьэр хъумакӀуэ зыхуэхъуну абы и гъунэгъу хъуа цӀыхухэр, Тхьэм дяпэ кърилъхьа Ӏуэхуу дызыщыгугъыу, дызыпэплъэхэр зылъэдгъэӀэсыну мы ӀуэхуитӀым дагъэгушхуэ.


Тхьэуэ Адэ лъапӀэм ипэкӀэ зэриухам тету, езым и бынхэм ящыщ фыхъуну фыкъыхихащ икӀи езым и Псэ ЛъапӀэм фи гур игъэкъабзэ зэпытщ, Хьисэ Мэссихь федэӀуэн, абы лъыуэ жорым щыщӀэкӀамкӀэ къабзэ фыхъун щхьэкӀэ. Тхьэм и нэфӀ куэду къыфщыхуэ, гузэгъэгъуэ ину къыфлърес.


Тхьэм и унафэхэр зыгъэзащӀэ цӀыхум и псэм Тхьэр хэлъщ, а цӀыхури Тхьэм и псэм щыщщ. Тхьэр ди псэм зэрыхэлъыр дэзыгъащӀэр езым и Псэ ЛъапӀэу ди гум кърилъхьар арщ.


Тхьэр зэи зыми нэкӀэ илъэгъуакъым, ауэ фӀыуэ дызэрылъагъумэ, Тхьэр ди псэм хэлъщ икӀи и фӀылъагъуныгъэр нэгъэсауэ ди гум илъщ.


Апхуэдэу Тхьэм къытхуиӀэ фӀылъагъуныгъэр дощӀэ икӀи а фӀылъагъуныгъэм дыщогугъ. Тхьэр фӀылъагъуныгъэщ. ФӀылъагъуныгъэр зи гум илъ цӀыхур Тхьэм и псэм щыщщ, Тхьэри а цӀыхум и псэм хэлъщ.


Follow us:

Advertisements


Advertisements