Biblia Todo Logo
Online Bible

- Advertisements -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Апхуэдэу фэ псоми щхьэкӀэ сызэрыгупсысэр тэмэмщ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Ӏэпхлъэпх сащӀауэ щытми, хъыбарыфӀым пэувхэм жэуап щесткӀи, хъыбарыфӀым и щыпкъагъэр къыщызгъэлъагъуэкӀи, си псэм сыт щыгъуи фыщыщщ фэ псори – си гъусэу Тхьэм и нэфӀ зыщыхуа цӀыхухэр.

See the chapter Copy




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:7
34 Cross References  

Ауэ Ӏэхъулъэхъухэри гузэвэгъуэхэри къызэрыспэщылъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызигъащӀэурэ, къалэ псоми щыхьэт къыщысхутохъуэ.


Арати, дзэпщыр зауэлӀхэм ябгъэдыхьэри, Паул яригъэубыдащ. Абы гъущӀ Ӏэхъулъэхъу иралъхьэну унафэ яхуищӀащ. ЦӀыхухэм еупщӀащ итӀанэ: – Мыр хэт? Сыт ищӀар?


ФӀылъагъуныгъэм мыхъумыщӀэ псори егъэгъу, ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ иӀэщ сыт щыгъуи, Тхьэм щогугъ сыт щыгъуи, шыӀэ иӀэщ сыт щыгъуи.


ХъыбарыфӀым си фӀагъ езгъэкӀын щхьэкӀэ, мы Ӏуэху псори сощӀэ, хъыбарыфӀым фӀыгъуэу къыпэкӀуэм щыщ си Ӏыхьэр згъуэтын щхьэкӀэ.


Фэ дэ къытщытхъу тхылъым фыхуэдэщ. Ар дигухэм итхауэ илъщ. ЦӀыху псоми а тхылъыр ящӀэн икӀи абы еджэн ялъэкӀынущ.


Фэ фызгъэкъуэншэну аракъым ар сэ щӀыжысӀэр; нэхъапэми къызэрыжысӀам хуэдэу, дызэгъусэуи дыпсэуну, дызэгъусэуи дылӀэну ди гум фыхэлъщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Мэссихь Хьисэ ди псэм щыщмэ, сунэт дащӀауэ щытми щымытми, аракъым Ӏуэхур зытетыр. Ӏуэхур зытетыр ди фӀэщхъуныгъэм фӀылъагъуныгъэ къызэрыхэкӀыр арщ.


Абы щхьэкӀэ сэ, Паул, Мэссихь Хьисэ сыхуэлажьэурэ, фэ хамэ лъэпкъхэм хъыбарыфӀыр зэрывэзгъащӀэм щхьэкӀэ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсщ.


Сэ, Зиусхьэным сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀэсу сыныволъэӀу: Тхьэм фыкъызыхуриджа псэукӀэм хуэфащэу фыпсэу.


Ӏэпхлъэпх сащӀауэ, мы хъыбарыфӀым срилӀыкӀуэщ. ХъыбарыфӀыр гушхуэныгъэкӀэ къызэрыжысӀэн хуейм хуэдэу къыжысӀэну, Тхьэм фысхуелъэӀу.


Фэ фщӀэну сыхуейщ, си къуэшхэ, сэ къызэхъулӀэ Ӏуэхухэм я фӀагъ хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и Ӏуэхум къызэрекӀар.


Аращи, кесарым и унэшхуэу преторие зи цӀэм и хъумакӀуэхэмрэ адрей цӀыху псомрэ Ӏупщ ящыхъуащ Мэссихь сызэрыхуэлажьэм щхьэкӀэ цӀыхухэм Ӏэпхлъэпх сызэращӀар.


ЦӀыхухэм Ӏэпхлъэпх сызэращӀам щхьэкӀэ, Зиусхьэныр зи псэм щыщ къуэшхэм я нэхъыбэм ягухэр утӀыпщауэ, мышынэу, Тхьэм и псалъэхэр нэхъ тегушхуауэ цӀыхухэм хуаӀуатэу щӀадзащ.


япэрей махуэм къыщыщӀэдзауэ нобэм къэсыху хъыбарыфӀым хуэзлэжьа Ӏуэхум фи Ӏыхьи хэлъщи.


Тимофей зэрыцӀыху пэжыр фэ фощӀэ. Къуэр и адэм зэрыдэлажьэм хуэдэу, хъыбарыфӀ Ӏуэтэным и ӀуэхукӀэ къыздэӀэпыкъуащ.


Апхуэдэу щыт пэтми, сызыхэт гузэвэгъуэмкӀэ гъусэ фыкъызэрысхуэхъуар фӀыуэ фщӀащ.


Фэ, Филиппи къалэм дэсхэм, зэрыфщӀэщи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуэтэн щӀэздзауэ Македоние хэкум сыкъыщикӀым, дэӀэпыкъуэгъу хъунымрэ дэӀэпыкъуэгъум пэкӀуэр игъуэтыжынымрэ я ӀуэхукӀэ фэр фӀэкӀа члисэ зэхуэсхэм ящыщ зыри гъусэ къысхуэхъуакъым.


Уэ, къыздэлажьэ ныбжьэгъу пэжым, абыхэм уадэӀэпыкъуну сынолъэӀу. ХъыбарыфӀыр ӀуэтэнымкӀэ къыздэлэжьащ ахэр, Климентрэ адрей къыздэлажьэхэмрэ я гъусэу. Абыхэм я цӀэхэр мыкӀуэдыжын гъащӀэ зыгъуэтыну цӀыхухэм я цӀэхэр зэрыт тхылъым иратхащ.


Сэ, Паул, мы фӀэхъус псалъэхэр си ӀэкӀэ сотх. Мы Ӏэхъулъэхъу сызыӀыгъхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Мэссихь и нэфӀ къыфщрехуэ. Ӏэмин.


Тхьэм дэри фытхуелъэӀу. Мэссихь теухуа Ӏуэху щэхухэр цӀыхухэм едгъэщӀэн папщӀэ, хъыбарыфӀым щхьэкӀэ бжэр къытхузэӀуихыну Тхьэм фелъэӀу. А хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэращ лъэхъуэщым сыщӀадзауэ сыщӀыщӀэсыр.


Фэ псори нэхум фрибынщ, махуэми фрибынщ. Дэ жэщым икӀи кӀыфӀыгъэм я бынхэм дащыщкъым.


Ди Зиусхьэным умыдзыхэу щыхьэт хуэхъу. Сэри абы сызэрыхуэлажьэм къыхэкӀкӀэ, лъэхъуэщым сызэрыщӀадзам папщӀэ емыкӀу сыкъыумыщӀ, хъыбырыфӀым щхьэкӀэ Тхьэм и лъэкӀыныгъэкӀэ гугъуехь къыздэшэч.


гугъуехь зыхуэсшэчу, бзаджащӀэм хуэдэу Ӏэпхлъэпх къысщӀралъхьар. Ауэ Тхьэм и псалъэхэм Ӏэпхлъэпх иралъхьэн ялъэкӀынукъым.


ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрезгъащӀэм щхьэкӀэ, лъэхъуэщым сыщӀэсыху, ар уи пӀэкӀэ дэӀэпыкъуэгъу къысхуэхъун щхьэкӀэ, си деж щызгъэӀэну сыхуейт,


Си къуэш лъапӀэхэ, Тхьэм и бын фыхъуну фэри фыкъыхуриджащ. Аращи, ди фӀэщхъуныгъэм и дин пашэшхуэ хъун щхьэкӀэ Тхьэм къытхуигъэкӀуа Хьисэ фегупсыс.


Мэссихь ишэча гугъуехьхэмкӀэ Ӏыхьэ зэрывиӀэм щхьэкӀэ фыгуфӀэ, Мэссихь щӀыхьышхуэ иӀэу къыщылъэгъуэну махуэм гуфӀэгъуэшхуэ фиӀэнущи.


Члисэ зэхуэсым и нэхъыжь къыфхэтхэм сыныволъэӀу. Сэри члисэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сащыщщ. Мэссихь ишэча гугъуехьхэм сращыхьэтщ, Мэссихь и щӀыхьышхуэ къэкӀуэнумкӀи Ӏыхьэ сиӀэнущ. СызэрынывэлъэӀур мыращ:


Си пкъым и шэтырым сыщӀэтыху, мы Ӏуэхухэр фи гум къэзгъэкӀыжурэ фыкъэзгъэушыныр фӀыуэ солъытэ.


Ди къуэшхэр фӀыуэ зэрытлъагъум щхьэкӀэ лӀэныгъэм дыӀэщӀэкӀыу гъащӀэм дызэрыхыхьар дощӀэ. Зи къуэшыр фӀыуэ зымылъагъур лӀэныгъэм ӀэщӀэлъщ.


Follow us:

Advertisements


Advertisements