Biblia Todo Logo
Online Bible

- Advertisements -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Сыт щыгъуи, фэ псоми щхьэкӀэ Тхьэм сыщелъэӀукӀэ, си гуапэу солъэӀу,

See the chapter Copy




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:4
14 Cross References  

Жэщми махуэми кхъэлэгъунэхэмрэ Ӏуащхьэхэмрэ зэпымыууэ къызэхикӀухь зэпытт абы, мывэкӀэ зэуэжырт кӀийурэ.


Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь зыщӀауэ щӀегъуэж цӀыхум Тхьэм и мелыӀычхэр хуэгуфӀэнущ.


Сэ нывжызоӀэ, абы ещхьыркъабзэу, гуэныхь хущӀегъуэжыным хуэмыныкъуэ, щыпкъагъэ зигу илъ цӀыху бгъущӀрэ бгъум папщӀэ уафэм щыӀэну гуфӀэгъуэм нэхърэ зи гуэныхьхэм хущӀегъуэж гуэныхьыщӀэ закъуэм щхьэкӀэ уафэм нэхъ гуфӀэгъуэшхуэ щыӀэнущ.


сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и Къуэм теухуа хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэсӀуатэурэ, си гур етауэ сызыхуэлажьэр си щыхьэтщ. Абы селъэӀу щыхъукӀэ, фи гугъу зэпымыууэ зэрысщӀымкӀэ ар си щыхьэтщ.


Абы щыгъуэ си гуфӀэгъуэр иривгъэкъу: Фи гупсысэкӀэр зы ирехъу, а зы фӀылъагъуныгъэр фрыреӀэ, зэнэзэпсэу фыщыт.


Куэдрэ зэрывжесӀам хуэдэу, иджыри си нэпсхэр къехуэхыурэ, нывжызоӀэ: ЦӀыху куэд Мэссихь и жорым бий хуэхъуащ.


Аращи, фэ, фӀыуэ слъагъуу, си нэкӀэ слъагъуну сызыщӀэхъуэпс си къуэшхэ, си гуфӀэгъуэри, си тажри фэращ. Фэ, фӀыуэ слъагъухэр, Зиусхьэныр фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, гъуэгу захуэм быдэу фытетын хуейщ.


Сэ сипкъкӀэ фи деж сыщымыӀэми, сигурэ си псэкӀэ фи деж сыщыӀэщ. ГъэпсыкӀэфӀу фиӀэри МэссихькӀэ фӀэщхъуныгъэу фиӀэм и быдагъэри щыслъагъукӀэ согуфӀэ.


Фэ псоми щхьэкӀэ Тхьэм зэпымыууэ фӀыщӀэ худощӀ, Тхьэм дыщелъэӀукӀи, фи гугъу дощӀ.


Уи фӀылъагъуныгъэмкӀэ ину сыбгъэгуфӀащ икӀи си гур бгъэзэгъащ, си къуэш, Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм я гур бгъэзэгъащи.


Адэ лъапӀэм унафэ къызэрытхуищӀам хуэдэу, уи бынхэм ящыщ зыкъом щыпкъагъэм тету псэууэ щыслъагъум, куэду сыгуфӀащ.


Follow us:

Advertisements


Advertisements