ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:25 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр25 Абы сыщыгугъыу, мыбы сыкъызэрынэжынури, гуфӀэгъуэри щӀыгъуу фи фӀэщхъуныгъэр зэпымыууэ нэхъ быдэ хъун щхьэкӀэ, фи деж сызэрыщыӀэнури сощӀэ. See the chapter |
Си псалъэхэмкӀи, злэжьа ӀуэхухэмкӀи, нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэхэмрэ Ӏуэху телъыджэхэмрэ я лъэкӀыныгъэкӀи, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм и лъэкӀыныгъэкӀи хамэ лъэпкъхэр Тхьэм езгъэдэӀуэну Мэссихь сигъэщӀа Ӏуэхухэм фӀэкӀа сытепсэлъыхьыну сытегушхуэркъым. Ерусалим къыщыщӀэдзауэ Иллирик хэкум нэсыху, Мэссихь теухуа хъыбарыфӀыр дэнэкӀи цӀыхухэм нэсауэ ялъэзгъэӀэсащ.