Biblia Todo Logo
Online Bible

- Advertisements -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:21 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

21 ГъащӀэ пэж жыхуэсӀэр Мэссихь сыхуэлэжьэнырщ, сылӀэми, и фӀагъ къызэкӀынущ.

See the chapter Copy




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:21
16 Cross References  

Мэссихь Хьисэ фи псэм щыщ зыщӀар Тхьэращ. Мэссихь Хьисэ дэркӀэ Тхьэм деж къикӀа акъылыфӀагъэ хъуащ. Аращ Тхьэм щыпкъагъэ диӀэу дезыгъэлъытэри, дигухэр зыгъэкъэбзэжри, ди щхьэхэр къэзыщэхужари.


Паули, Аполлоси, Кифэ, дунейри, гъащӀэри, лӀэныгъэри, иджы щыӀэри щыӀэнури фыфейщ.


Мы дунейм дыщытеткӀэ тэхъуанэ пэлъытэу диӀэ ди пкъыр кӀуэдмэ, Тхьэм тхуиуха псэупӀэ ӀэрымыщӀ – мыкӀуэдыжын унэ уафэм зэрыщыдиӀэнур дощӀэ.


Аращи, сыт щыгъуи догушхуэ икӀи пкъым дыщыпсэуху, Зиусхьэным дызэрыпэжыжьэр дощӀэ.


Догушхуэ жызоӀэ, икӀи дипкъхэм дахэкӀыу, Зиусхьэным и гъусэ дыхъумэ, нэхъ тфӀэфӀщ.


Аращи, иджы псэур сэракъым, атӀэ си псэм щыщ Мэссихьыр арщ. Мы дунейм щызиӀэ гъащӀэр Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ си гум илъу сиӀэщ. Абы фӀыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкӀэ итащ.


Сэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и жорым фӀэкӀа нэгъуэщӀым сыщытхъуну сыхуейкъым. Хьисэ жорым зэрыкӀэрылӀыхьам щхьэкӀэ, мы дунейм и Ӏуэхухэм пщӀэ зыри ямыӀэжу, сэ си дежкӀэ ахэр жорым ираӀулӀам хуэдэщ, сэри мы дунейм и Ӏуэхухэм я дежкӀэ цӀыхухэм жорым ираӀулӀам сыхуэдэщ.


СыщӀэукӀытэжын лъэпкъ щымыӀэу, иджыри, сыт щыгъуи, сыпсэуми, сылӀэми, сипкъкӀэ сыгушхуэу Мэссихь зэпымыууэ зэрызгъэлъэпӀэным сыщӀохъуэпс икӀи сыщогугъ.


Ауэ си пкъым сыщыпсэуну щытмэ, фӀыгъуэ къызыпэкӀуэн Ӏуэху сщӀэн слъэкӀынущ. А ӀуэхуитӀым къыхэсхынур сщӀэркъым.


А ӀуэхуитӀым сыхагъэзыхь. Мы дунейм сехыжу, Мэссихь сригъусэну сыхуейщ. Ар куэдкӀэ нэхъыфӀщ.


ЦӀыху псори езыхэм я Ӏуэхухэм я ужь итщ, Хьисэ Мэссихь игъуэу илъытэ Ӏуэхухэм я ужь иткъым.


Ди гъащӀэ пэжу щыт Мэссихь къыщылъагъуэкӀэ, фэри абы фригъусэу щӀыхьышхуэ фиӀэу фыкъэлъэгъуэнущ.


Макъ гуэрым мыпхуэдэу къыжиӀэу, уафэм къиӀукӀыу зэхэсхащ итӀанэ: – Тхы: Иджы къыщыщӀэдзауэ Зиусхьэныр зи псэм щыщу лӀэр гъуэгу махуэ теувэнущ. – Ар пэжщ, – жеӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм. – Я Ӏуэхур загъэщӀауэ, загъэпсэхужынущ, я фӀыщӀагъэхэр ягъуэтыжынущи.


Follow us:

Advertisements


Advertisements