Biblia Todo Logo
Online Bible

- Advertisements -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:18 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

18 Ар Ӏуэхукъым. Мыпхуэдэуи, апхуэдэуи, мурад бзаджэмкӀи, мурадыфӀымкӀи Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм хуаӀуатэ хъумэ, согуфӀэ. ИкӀи зэпымыууэ сыгуфӀэнущ,

See the chapter Copy




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:18
13 Cross References  

– Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакӀуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитӀщхьитхэ! Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм и куэбжэр цӀыхухэм я пащхьэм щывгъэбыдэ. Фэ езыхэри а тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэркъым, щӀыхьэну хуейхэри хуит фщӀыркъым.


Фызабэхэм я унэхэр къытрах. ЦӀыхухэр зыщагъэтхъун щхьэкӀэ, я тхьэлъэӀухэр кӀыхь ящӀ. Ахэр хуабжьу игъэпшынэнущ Тхьэм.


Ауэ а псалъэхэм къикӀыр къагурыӀуакъым. КъагурыӀуэн ялъэмыкӀыну абыхэм ящыбзыщӀат а псалъэр икӀи абыхэм теухуауэ Хьисэ еупщӀын шынэрт.


– ФымыгъэувыӀэ ар, – къыжриӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къыфпэмыувыр фи гъусэщ.


ИтӀанэ, дэ, журтхэр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм нэхърэ дынэхъыфӀ? Хьэуэ, дэ зыкӀи дынэхъыфӀкъым. Журт псори нэгъуэщӀ лъэпкъ псори гуэныхьым и ӀэмыщӀэ зэрилъыр къэдгъэнэхуащ,


Сыт-тӀэ? Хабзэм и унафэхэм я тепщэныгъэм дыщӀэмыту, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэм и тепщэныгъэм дызэрыщӀэтым щхьэкӀэ гуэныхь тщӀэну дыхуит? Хьэуэ, апхуэдэу хъункӀэ Ӏэмал иӀэкъым.


Сэ жыхуэсӀэр сыт? Къурмэныпхъэм и лыр зыгуэру щыту, е тхьэ нэпцӀыр зыгуэру щыту жысӀэрэ?


Абы щыгъуэ сыт сщӀэнур? Си псэкӀи си акъылкӀи Тхьэм селъэӀунущ. Си псэкӀи си акъылкӀи тхьэщӀыхь уэрэдхэр жысӀэнущ.


ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм ялъэзыгъэӀэсыр сэрауэ щытми, адрей апостолхэрауэ щытми, а хъыбарыфӀырщ ялъэдгъэӀэсыр. Фэри фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъуащ а хъыбарыфӀымкӀэ.


Тхьэм фызэрелъэӀум щхьэкӀи, Хьисэ Мэссихь и Псэ ЛъапӀэр дэӀэпыкъуэгъу къызэрысхуэхъум щхьэкӀи мы гугъуехьым сыкъызэрыхэкӀыжынур сощӀэри.


Follow us:

Advertisements


Advertisements