Biblia Todo Logo
Online Bible

- Advertisements -




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:15 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

15 Пэжщ, фыгъуэнырэ зэщыхьэнырэ я гум илъу, Мэссихь теухуа хъыбарыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэри щыӀэщ, ауэ нэгъуэщӀ цӀыхухэм, я гум фӀы зэрилъым къыхэкӀкӀэ, Мэссихь и хъыбарыр цӀыхухэм хуаӀуатэ.

See the chapter Copy




ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:15
22 Cross References  

– Абыхэм я ӀуэхуфӀ псори цӀыхухэм ирагъэлъагъун щхьэкӀэщ щӀащӀэр. Абыхэм я нэмэз пхъуантэ цӀыкӀуэхэр нэхъ ин, я фащэ кӀыхьхэм я къуакӀэр нэхъ кӀыхь ящӀ.


Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр.


Кипр хытӀыгум щыщ лӀы гупми, Кириние къалэм щыщ нэгъуэщӀ лӀыхэми, Антиохие къалэм* кӀуа нэужь, Зиусхьэн Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр алыджхэми хуаӀуэтащ.


Тхьэм и унэшхуэми я унэхэми цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щрагъащӀэ, хъыбарыфӀу Хьисэ Мэссихьу зэрыщытыр цӀыхухэм хуаӀуатэ зэпытт махуэ къэси.


Апхуэдэу къыщеупщӀым, Филипп Тхьэм и псалъэу тхахэм хэт а псалъэ дыдэхэмкӀэ къыщӀидзэри, Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр Ӏэтащхьэм хуиӀуэтащ.


Филипп Самарие хэкум щыщ къалэ гуэрым кӀуэри, абы дэс цӀыхухэм Мэссихь теухуа хъыбарыр яхуиӀуэтащ.


ЗанщӀэуи щӀидзащ Хьисэ Тхьэм зэри-Къуэр синэгуэгухэм цӀыхухэм щахуиӀуатэу.


Ауэ цӀыху ерыщу, щыпкъагъэм хуэмыӀурыщӀэу, бзаджагъэм хуэӀурыщӀэхэм Тхьэм и губжьышхуэр къалъигъэӀэсынущ.


Ауэ Мэссихьу жорым ираӀулӀам и хъыбару цӀыхухэм едгъащӀэр журтхэмкӀэ гурымыхьу щытщ, нэгъуэщӀ лъэпкъхэм делагъэу ялъытэ.


СиӀэ хъуа псори зимыӀэхэм естми, си пкъыр мафӀэкӀэ ягъэсыну цӀыхухэм естми, фӀылъагъуныгъэ симыӀэмэ, абы фӀагъ къысхухэкӀынукъым.


Силуани, Тимофейи, сэри Тхьэм и Къуэу Хьисэ Мэссихьу зи хъыбар фи деж щытӀуэтар зэми арауэ, зэми армырауэ щыткъым, атӀэ Хьисэ Мэссихьыращ Тхьэм дыкъызэригъэгугъа Ӏуэхухэр къэзыгъэхъур икӀи пэжу къыщӀэзыгъэкӀыр.


Апхуэдэ цӀыхухэр апостол нэпцӀхэщ, лэжьакӀуэ гъэпцӀакӀуэхэщ. Мэссихь и апостол хуэдэу, загъэӀу къудейщ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фи деж сыныщыкӀуэкӀэ, сызэрыхуейуэ фэ фыщымыту фыкъэзгъуэту, фэри фызэрыхуейуэ сэ сыщымыту сыкъэвгъуэтынкӀэ сошынэ. Зэщыхьэныр, фыгъуэныр, губжьыныр, зэгурымыӀуэныр, нэгъуэщӀ цӀыхухэм ӀейкӀэ ятепсэлъыхьыныр, бзэгу зехьэныр, зыкъыфӀэщӀыжыныр къыфхэхъыжьэу, Ӏуэхухэр зэхэвынэ хъункӀэ сошынэ.


ЦӀыхухэм дэ яхуэтӀуатэ хъыбарыр зытеухуар дэракъым, атӀэ Хьисэ Мэссихь Зиусхьэну зэрыщытыр аращ. Дэри Хьисэ и гъуэгу дызэрырикӀуэм щхьэкӀэ дыфхуолажьэ.


Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къуэш нэпцӀ гуэрхэу ди къуэшхэм захэзыгъэзэрыхьахэр арат зыхуеяр. Мэссихь Хьисэ ди псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ, диӀэ щхьэхуитыныгъэм еплъакӀуэу, Торэт хабзэм и бжьым дыщӀагъэувэжыну и ужь итт ахэр.


Зэщыхьэными зыкъыфӀэщӀыжыными къахэкӀауэ зыри фымыщӀэ, нэгъуэщӀ цӀыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Follow us:

Advertisements


Advertisements