ФӀэщхъуныгъэ яӀэу Филиппи къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъ 1:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр1 Сэ сы-Паулщ. Тимофейрэ сэрэ Хьисэ Мэссихь дыхуолажьэ. Тимофей си гъусэу фэ, Филиппи къалэм дэсу, Тхьэм и цӀыху лъапӀэу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщхэм, фи члисэ зэхуэсым и Ӏэтащхьэхэм, и дэӀэпыкъуэгъухэм фи гъусэу, мы тхылъыр ныфхузотх. See the chapter |
Абы щыгъуэ згъэлъэпӀэну мелыӀычым и лъакъуэхэм я деж зездзыхащ. Ауэ абы къызжиӀащ: – Апхуэдэу умыщӀ. Уэрэ уи къуэшу Хьисэ щыхьэт хуэхъухэмрэ сывигъусэу сэри Тхьэм сыхуолажьэ. Тхьэращ бгъэлъэпӀэн хуейр. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэхэр бегъымбархэм я гум кърилъхьэу къащӀыжригъэӀар абыхэм Хьисэ теухуа хъыбарыфӀыр къыжаӀэн щхьэкӀэщ.