Данил 5:12 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ12 А Данил жыхуаӀэу, уи адэжьым Бэлътэщэр зыфӀищыгъар, и акъылыфӀагъымкӀэ, и щӀэныгъэмкӀэ, и зэхэщӀыкӀыныгъэшхуэмкӀэ, пщӀыхьэпӀэхэр зэрызэхихуфымкӀэ, щэхухэр сэтей къызэрищӀыфымкӀэ, Ӏуэху зэхэзэрыхьахэр зэрызэхихыжыфымкӀэ хуэбгъэдэн щымыӀэу цӀэрыӀуэ хъуат. Аращи, Данил къегъаши, абы псори гурыӀуэгъуэ пхуищӀынщ». Viz kapitola |