Лукас 24 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэХьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжар 1 Тхьэмахуэ махуиблым и япэ махуэм, нэхулъэ къищӀа къудейуэ, бзылъхугъэхэр кхъэлэгъунэм кӀуащ, ягъэхьэзырауэ щыта дагъэхэр яӀыгъыу. 2 Щынэсым, кхъэлэгъунэм ӀугъэукӀурияуэ Ӏулъа мывэшхуэр Ӏумылъыжу ирихьэлӀащ. 3 Кхъэлэгъунэм щыщӀыхьэм, Зиусхьэн Хьисэ и хьэдэр абы щӀэлъу ягъуэтакъым. 4 Къэхъуар къагурымыӀуэу здэщытым, я пащхьэм цӀыхухъуитӀ напӀэзыпэм къиуващ, зэщӀэлыдэ щыгъынкӀэ хуэпауэ. 5 Бзылъхугъэхэр шынауэ, я щхьэхэр щрагъэзыхым, цӀыхухъуитӀым мыпхуэдэу жаӀащ: – Сыт псэур лӀахэм я деж къыщӀыщыфлъыхъуэр? 6 Ар мыбы щӀэлъыжкъым, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ. Гэлилейм щыщыӀам Абы къывжиӀауэ щытакъэ 7 ЦӀыхум и Къуэр гуэныхьлыхэм ӀэщӀалъхьэн, жорым ираӀулӀын зэрыхуейр икӀи ещанэ махуэм лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынур? 8 Хьисэ апхуэдэу жиӀауэ зэрыщытар абыхэм ягу къэкӀыжащ. 9 Арати, абыхэм ягъэзэжри, Хьисэ и гъэсэн пщыкӀузми абыхэм я гъусэхэми псори хуаӀуэтэжащ. 10 А бзылъхугъэхэм я цӀэхэр мыращ: Магдалэ жылэм щыщ Мэрям, Иухьанэ, Екъуб и анэ Мэрям, нэгъуэщӀхэри. Ахэращ Хьисэ и лӀыкӀуэхэм къэхъуар яхуэзыӀуэтэжар. 11 АрщхьэкӀэ абыхэм я псалъэм къикӀ щымыӀэу къалъытащ мыдрейхэм, я фӀэщи хъуакъым. 12 Ауэ Питрэс къэтэджри, кхъэлэгъунэм жащ. Зригъэзыхыу щыщӀэплъэм, джэбын фӀэкӀа зыри илъэгъуакъым. ИтӀанэ къэхъуар игъэщӀагъуэу, къыӀукӀыжащ. Хьисэ и гъэсэнитӀым къазэрыӀущӀар 13 Хьисэ и гъэсэнхэм ящыщ цӀыхуитӀ Ерусэлим километр пщыкӀузкӀэ пэжыжьэ Емэус жылэм кӀуэрт а махуэм. 14 Иужьрей махуэ зыбжанэм я нэгу щӀэкӀарат зытепсэлъыхьыр ахэр. 15 Зэпсалъэрэ зэдауэу здэкӀуэм, Хьисэ абыхэм ябгъэдыхьэри гъусэ захуищӀащ. 16 АрщхьэкӀэ абыхэм Хьисэ къацӀыхужакъым, я нэхэм тепхъуэ телъ хуэдэти. 17 – Гъуэгуанэ фытету фызытепсэлъыхьыр сыт? – еупщӀащ абыхэм Хьисэ. ТӀуми я нэгур зэхэуауэ, къэувыӀащ. 18 – Ерусэлим къэкӀуахэм уэ зым уи закъуэу къыщӀэкӀынщ мы махуэхэм абы къыщыхъуар зымыщӀэр, – жиӀащ зым, Клеопэ зи цӀэм. 19 – АтӀэ сыт Ерусэлим къыщыхъуауэ жыхуэфӀэр? – еупщӀащ абы Хьисэ. – Нэзэрэт щыщ Хьисэ иращӀаращ зи гугъу тщӀыр, – жаӀащ абыхэм. – Ар и ӀуэхущӀафэкӀи и ущиекӀи бегъымбар лъэщу Тхьэми цӀыхухэми я пащхьэм итащ. 20 Ауэ Абы дин гъуазэ нэхъыщхьэхэмрэ ди лъэпкъ унафэщӀхэмрэ укӀ тралъхьэри, жорым ирырагъэӀулӀащ. 21 Ара ди гугъэрт израил лъэпкъыр щхьэхуит дызыщӀыжынур. АрщхьэкӀэ нобэ махуищ мэхъу Ар зэраукӀрэ. 22 Ауэ дэ къытхэт бзылъхугъэхэм Ӏуэху телъыджэ къыджаӀащ. Ахэр нышэдибэ жьыуэ кхъэлэгъунэм кӀуат, 23 ауэ Хьисэ и хьэдэр ямыгъуэту къагъэзэжри, мелыӀычитӀ ялъэгъуауэ къыджаӀащ. МелыӀычхэм Хьисэ псэууэ жаӀащ. 24 Дэ тщыщ гуэрхэри кӀуати, бзылъхугъэхэм зэрыжаӀам хуэдабзэу ирихьэлӀащ. Ауэ езы Хьисэ ялъэгъуакъым. 25 – Сыту жьажьэ фи акъылыр, – жиӀащ Хьисэ. – Бегъымбархэм жаӀар фи фӀэщ фхуэмыщӀу ара? 26 Мэсихьым, щӀыхьышхуэ игъуэтын и пэ къихуэу, а псори игъэвын хуейуэ щытакъэ? 27 Хьисэ Мусэрэ бегъымбархэмрэ я тхылъхэм щригъажьэри, Езым теухуауэ Тхыгъэ ЛъапӀэм иту хъуар ягуригъэӀуащ итӀанэ. 28 ЗдэкӀуэ жылэм пэгъунэгъу щыхъум, Хьисэ къэмыувыӀэу и гъуэгу адэкӀэ пищэну мурад зэриӀэр яригъэщӀащ. 29 Ауэ мыдрей тӀур Хьисэ хуабжьу къелъэӀуащ: – Ди гъусэу къанэ. Махуэр егъэзыхыгъуэ хъуащ, пшапэ зэхэуэгъуэщ, – жаӀэри. КъыщелъэӀум, Хьисэ акъылэгъу хъури, абыхэм я гъусэу къэнащ. 30 Хьисэ абыхэм Ӏэнэм ядэтӀысри, щӀакхъуэ къищтащ. Тхьэм фӀыщӀэ хуищӀщ, щӀакхъуэр зэгуищӀыкӀри, мо тӀум яхуишиящ. 31 Абдежым абыхэм я нэр къэплъэжри, Хьисэ къацӀыхужащ, ауэ езы Хьисэ бзэхыжащ. 32 – Гъуэгум къыщыдэпсалъэу, Тхыгъэ ЛъапӀэр щытхузэпкърихым, ди гур хигъахъуэртэкъэ, дигъэгушхуэртэкъэ Абы? – ягъэщӀэгъуащ абыхэм. 33 Арати, ахэр занщӀэу къэтэджри, Ерусэлим ягъэзэжащ. Щынэсыжым, Хьисэ и гъэсэн пщыкӀузым, нэгъуэщӀхэри я гъусэу зэхэсу, ярихьэлӀэжащ. 34 – Зиусхьэныр, пэж дыдэу, лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ, Ар Симэн къыхуэкӀуащ! – жаӀащ зрихьэлӀэжахэм. 35 Мыдрей тӀуми Хьисэ гъуэгу къазэрыдытетари щӀакхъуэ зэгуищӀыкӀа нэужь къызэрацӀыхужари яӀуэтэжащ. Хьисэ и гъэсэнхэм къазэрыхуэкӀуар 36 Ар щаӀуэтэж дыдэм, Хьисэ езыр абыхэм къахыхьэри: – Тхьэм и сэлам фызох, – жиӀащ. 37 Мыдрейхэм хьэдрыхэпсэ ялъагъу къафӀэщӀри, хуабжьу къэщтащ, гужьеящ. 38 – Щхьэ фыгужьея? – жиӀэри еупщӀащ абыхэм Хьисэ. – Щхьэ шэч къэфхьрэ? 39 Си Ӏэми си лъакъуэми фыкъеплъ – ар Сэращ! ФыкъызэӀуси, феплъ, хьэдрыхэпсэм Сэ сызэрыту флъагъу Ӏэпкълъэпкъым хуэдэ иӀэкъым. 40 Ар жиӀэри, и Ӏэмрэ и лъакъуэмрэ яригъэлъэгъуащ. 41 Ахэр апхуэдизкӀэ къэгуфӀати, ар зэры-Хьисэр я фӀэщ яхуэмыщӀу ягъэщӀагъуэрт. Хьисэ абыхэм еупщӀащ: – Шхыныгъуэ гуэр мыбдежым фыщиӀэ? – жиӀэри. 42 Зы бдзэжьей Ӏыхьэ гъэжьауэ хуашиящ. 43 Щыхуашийм, къаӀихри, я пащхьэм щишхащ. 44 ИтӀанэ захуигъазэри, мыпхуэдэу яжриӀащ: – Сыщывигъусам вжесӀауэ щытатэкъэ Мусэ и Теурэтми, бегъымбархэм я тхылъхэми, Забурми Сэ стеухуауэ ит псори къэхъун зэрыхуейр. 45 Хьисэ ар жиӀэщ, и гъэсэнхэм Тхыгъэ ЛъапӀэр къагурыӀуэн папщӀэ, зэхэщӀыкӀыныгъэ яритри, 46 къыпищащ: – Мэсихьым хьэзаб зэришэчынури, зэрылӀэнури, махуэ ещанэм лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжынури Тхыгъэ ЛъапӀэм итщ. 47 Мыпхуэдэуи итщ: Ерусэлим щыщӀэдзауэ дунейм цӀыхуу тету хъуам я гуэныхьхэр Тхьэм къахуигъэгъун папщӀэ, псоми Мэсихь и цӀэкӀэ тобэ къахьыжын зэрыхуейр дэнэкӀи щагъэӀунущ. 48 Фэ а Ӏуэхугъуэ псоми щыхьэт фытехъуэнущ. 49 Си Адэм къывитыну фыкъызэригъэгугъар Сэ къыфхуэзгъэкӀуэнщ, ауэ къалэм зэкӀэ фыдэмыкӀ, уафэм къикӀыу къару къыфхуемыхауэ. Хьисэ уафэм зэрыдэкӀуеижар 50 Хьисэ ахэр къалэм къыдишри, БэтэӀин жылэм нэс здишащ. И ӀитӀыр иӀэтри, и гъэсэнхэм Тхьэм и цӀэкӀэ яхуэхъуэхъуащ. 51 Здэхъуахъуэм, и гъэсэнхэм нэхъ я пэӀэщӀэ хъуурэ, уафэм дэкӀуеижащ. 52 И гъэсэнхэм я щхьэр щӀым еӀусэу, Абы щхьэщэ хуащӀщ, гуфӀэгъуэшхуэр яӀэу Ерусэлим ягъэзэжри, 53 Тхьэм и Унэм Тхьэм щӀыхь щыхуащӀ зэпыту щытащ. |
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021
Institute for Bible Translation, Russia