Данил 3 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэДанил и ныбжьэгъуищыр хьэку жьэражьэм 1 Нэбыхъунэщыр пащтыхьым сурэтышхуэ дыщэм къыхригъэщӀыкӀащ, и лъэгагъыр ӀэфракӀэ хыщӀрэ и бгъуагъыр ӀэфракӀих хуэдиз хъууэ. Пащтыхьым ар Бабылей хэгъэгум хиубыдэ Дур аузым щригъэгъэуващ. 2 Абы иужькӀэ пщыхэми, лӀакъуэлӀэшхэми, хэгъэгу пашэхэми, и чэнджэщэгъухэми, ахъшащхьэм тетхэми, хеящӀэхэми, жылэхэм я тхьэмадэхэми, адрейуэ хэкум унафэщӀу ис псоми яхуиӀуэхуащ сурэтышхуэр щигъэлъэпӀэнум зыкърырагъэхьэлӀэну. 3 Арати, а лӀыщхьэ псори къызэхуэсри, Нэбыхъунэщыр игъэува сурэтышхуэм и пащхьэ къиуващ, ягъэлъэпӀэну. 4 Гъуор гуоуащ: «Сыт хуэдэ лъэпкъ щыщри, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэри, цӀыхуцӀэ зиӀэ псори пащтыхьым и унафэм фыкъедаӀуэ: 5 бжьакъуэ накъырэм, сыринэм, пхъэ пшынэм, пшынэ дыкъуакъуэм, шыкӀэпшынэм, бжьамийм я макъхэр нэгъуэщӀ пшыналъэхэм дэщӀыгъуу къызэрыӀуу, зевдзыхи, Нэбыхъунэщыр пащтыхьым игъэува дыщэ сурэтышхуэм щхьэщэ хуэфщӀ. 6 Зридзыхыу щхьэщэ зымыщӀыр занщӀэу хьэку жьэражьэм ирадзэнущ». 7 Арати, а пшыналъэхэм я макъхэр къызэрыӀуу, лъэпкъ псоми, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэхэми, цӀыхуцӀэ зиӀэ псоми зрадзыхри Нэбыхъунэщыр пащтыхьым игъэува сурэтышхуэм щхьэщэ хуащӀащ. 8 Абдежым бабылей цӀыхухэм ящыщ зыгуэрхэм, фӀы ягу имылъхэу, журтхэр хуабжьу ягъэкъуэншэн щӀадзащ. 9 Абыхэм пащтыхьым бзэгу хуахьащ: «Зи щӀыхьыр ин! 10 Уэратэкъэ унафэ къыдэзыгъэкӀар, ди пащтыхь лъапӀэ, пшыналъэхэм я макъхэр зыхэзых дэтхэнэми зридзыхыу дыщэм къыхэщӀыкӀа сурэтышхуэм щхьэщэ хуищӀын хуейуэ, 11 икӀи зридзыхыу щхьэщэ зымыщӀыр хьэку жьэражьэм ирадзэну? 12 НтӀэ, журтхэу Шэдрахь, Мешэхь, ӀэведНэгу сымэ, Бабылей хэгъэгум и унафэщӀу тебгъэувахэр, уэ къодаӀуэркъым, ди пащтыхь лъапӀэ. Ахэр уи тхьэхэм хуэлажьэркъым икӀи дыщэм къыхэщӀыкӀауэ уэ бгъэува сурэтышхуэми щхьэщэ хуащӀыркъым». 13 Нэбыхъунэщыр Ӏейуэ къэгубжьри а журтхэр къыхуашэну жиӀащ. Ахэр пащтыхьым къыхуашэри, 14 Нэбыхъунэщыр абыхэм еупщӀащ: «Шэдрахь, Мешэхь, ӀэведНэгу, фэ си тхьэхэм фахуэмылажьэу икӀи сэ згъэува дыщэ сурэтышхуэми щхьэщэ хуэвмыщӀу жаӀэр пэж? 15 ИджыпступцӀэ пшыналъэхэм я макъхэр зэрызэхэфхыу, зевдзыхрэ сэ згъэува сурэтышхуэм щхьэщэ хуэфщӀмэ, дэгъуэщ. Щхьэщэ хуэвмыщӀрэ – занщӀэу хьэку жьэражьэм фрезгъэдзэнущ. ИтӀанэ сыт хуэдэтхьэ си ӀэмыщӀэм фыкърихыу фыкъезыгъэлыфынур?» 16 Абыхэм пащтыхьым жэуап иратыжащ: «Мы ӀуэхумкӀэ къытщхьэщыжын дыхуэныкъуэкъым. 17 Дэ дызыхуэлажьэ Тхьэр щыӀэмэ, хьэку жьэражьэм драдзэми дыкъригъэлыфынущ, уи ӀэмыщӀи дыкърихынущ. 18 Уеблэмэ, дыкъримыгъэлми, пщӀэну дыхуейщ, ди пащтыхь лъапӀэ, уи тхьэхэм дазэрыхуэмылэжьэнур, дыщэ сурэтышхуэу бгъэувами щхьэщэ зэрыхуэдмыщӀынур». 19 Абдежым Нэбыхъунэщыр ӀэлфӀыцӀэу къызэкӀуэкӀри Шэдрахьи, Мешэхьи, ӀэведНэгуи нэщхъыдзэу яжьэхэплъащ. Абы хьэкур зэрыщытам нэхърэ блыкӀэ нэхъ пщтыру ягъэплъыну унафэ ищӀри, 20 и дзэм щыщ зауэлӀ нэхъ лъэрызехьэхэм Шэдрахьи, Мешэхьи, ӀэведНэгуи япхыу хьэку жьэражьэм ирадзэну яжриӀащ. 21 Арыххэти, гъуэншэджхэри джанэхэри зэращыгъыу, пыӀэхэри зэращхьэрыгъыу – зэрыхуэпа дыдэм хуэдэу, щӀалэхэр япхри хьэку жьэражьэм ирадзащ. 22 Пащтыхьым и унафэ ткӀийм ипкъ иткӀэ, хьэкум мафӀэлыгъей иращӀыхьати, ахэр абы изыдза зауэлӀхэр мафӀэ бзэгум ипхъуатэри исащ, 23 щӀалищыр пхауэ хьэку жьэражьэм ихуащ. 24 Пащтыхьыр къэуӀэбжьауэ къыщылъэтри, и чэнджэщэгъухэм еупщӀащ: «Ӏэпхлъэпх тщӀыуэ хьэкум иддзар лӀищтэкъэ?» Абыхэм жэуап къратыжащ: «Пэж дыдэщ, ди пащтыхьыфӀ». 25 Нэбыхъунэщыр жиӀащ: «АтӀэ мафӀэм къыщакӀухьу сэ лӀиплӀ солъагъури, мыпхарэ лажьихъати ямыӀэу, еплӀанэр тхьэм ещхьу!» 26 Пащтыхьыр хьэку жьэражьэм и гъуанэм гъунэгъу зыхуищӀри джащ: «Шэдрахь, Мешэхь, ӀэведНэгу, Тхьэуэ я нэхъ Лъагэм и пщылӀхэ! ФыкъикӀыж мыдэ!» Ахэр мафӀэм къыхэкӀыжащ. 27 Пщыхэми, лӀакъуэлӀэшхэми, хэгъэгу пашэхэми, пащтыхьым и чэнджэщэгъухэми ахэр къаухъуреихьри къалъэгъуащ мафӀэм и зэран абыхэм зэремыкӀар: я зы щхьэцыпи пилыгъукӀатэкъым, я щыгъынхэри зэрыпсот, абы дэнэ къыщына, Ӏугъуэмэ къудей къакӀэрихыртэкъым. 28 Абдежым Нэбыхъунэщыр жиӀащ: «Шэдрахь, Мешэхь, ӀэведНэгу сымэ я Тхьэм щытхъу хуэфащэщ, и мелыӀыч къигъакӀуэри и пщылӀхэр къригъэлащи! Абы щыгугъыурэ ахэр си псалъэм ебэкъуат, езыхэм я Тхьэм фӀэкӀа нэгъуэщӀ тхьэхэм хуэмылэжьэн щхьэкӀэ я гъащӀэр яфӀэкӀуэдынкӀэ зэрыхъунуми щымышынэу. 29 Абы къыхэкӀкӀэ унафэ сощӀ: Шэдрахь, Мешэхь, ӀэведНэгу сымэ я Тхьэм псалъэ Ӏей хужызыӀэ цӀыхуцӀэ зиӀэ дэтхэнэри, сыт хуэдэ лъэпкъ щыщри, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэри, цӀыкӀуцӀыкӀуу яупщӀэтэну, и унэри зэхакъутэну, Абы хуэдэу укъезыгъэлыфын нэгъуэщӀ тхьэ щыӀэкъыми». 30 Пащтыхьым Шэдрахьи, Мешэхьи, ӀэведНэгуи игъэлъапӀэу Бабылей хэгъэгум къулыкъу нэхъ лъагэжхэр щаритащ. Нэбыхъунэщыр и пщӀыхьэпӀэ етӀуанэр 31 ЩӀылъэм лъэпкъыу тетым, сыт хуэдэбзэкӀэ псалъэхэми, цӀыхуцӀэ зиӀэ псоми Нэбыхъунэщыр пащтыхьым зыкъыфхуегъазэ: мамырыгъэрэ тыншыгъуэрэ фхуребагъуэ! 32 Я нэхъ Лъагэм хьэлэмэтлажьэрэ фӀэщхъуныджэу къысщигъэщӀахэм я хъыбарыр фэзгъэщӀэну сыхуейщ. 33 Сыту иныщэ Абы и нэщэнэхэр! Сытуи лъэщ и Ӏуэху телъыджэхэр! И пащтыхьыгъуэр мыкӀуэдыжынщ, и тепщэныгъэми кӀэ иӀэнукъым! |
© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021
Institute for Bible Translation, Russia