Online Bible

- Reklamy -

Данил 11 - ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

1 Сэри мыд лъэпкъым щыщ Дарий и тетыгъуэ япэ илъэсым МыхьэӀил къарууэгъу сыхуэхъуу зыщӀэзгъэкъуауэ щытащ.)


Ипщэ пащтыхьхэмрэ ищхъэрэ пащтыхьхэмрэ

2 Аращи, сэ пэжыр ныбжесӀэнущ: Къэжэрым иджыри пащтыхьищым зыкъыщаӀэтынущ, иужькӀэ теувэну еплӀанэр япэрейхэм нэхърэ хуабжьу нэхъ бей хъунущ. МылъкукӀэ абы лъэкӀыныгъэ зригъэгъуэтынурэ, Алыдж пащтыхьыгъуэм псори пэщӀигъэувэнущ.

3 Абы щыгъуэ пащтыхьзауэлӀ къэунэхунурэ, ӀумпӀэр ткӀийуэ иӀыгъынущ, зыхуейри ищӀэнущ.

4 Ауэ лъэщ дыдэ хъуащ иджы щыжаӀэм, и пащтыхьыгъуэр зэтещэхэнурэ дунейм и лъэныкъуиплӀым хэгуэша хъунущ, езым и щӀэблэм ар лъысыжынукъым, езыр зэрытепща гуащӀэм хуэди къыхэнэжынукъым, уанэгур абы къыӀэщӀачынурэ хамэхэм ӀэщӀалъхьэнущи.

5 Ипщэ пащтыхьыр бланэ хъунущ, ауэ абы и дзэпщхэм языр лъэщыгъэкӀэ къытекӀуэнурэ, къаруушхуэкӀэ тепщэнущ.

6 Илъэс зыбжанэ дэкӀынурэ ищхъэрэ пащтыхьымрэ ипщэ пащтыхьымрэ зэухылӀэныгъэ зэращӀылӀэнущ. Ипщэ пащтыхьым и пхъур ищхъэрэм дэкӀуэнущ, я зэухылӀэныгъэр быдэ ищӀын папщӀэ, арщхьэкӀэ а цӀыхубзым бжьыпэр хуэӀыгъынукъым, ар зратари уанэгум исыжыфынукъым. Зы зэман къэсынурэ, а цӀыхубзри, абы дэщӀыгъуахэри, и бынри, зыкъыщӀэзыгъакъуэу щытари ягъэкӀуэдынущ.

7 Ауэ абы и лъабжьэм и зы къуэпс тахътэм дэкӀуеинущ. Ар ищхъэрэ пащтыхьым и дзэм ебгъэрыкӀуэнурэ и быдапӀэм дэзэрыгуэнущ, къыпэщӀэхуэр зэтриукӀэурэ текӀуэныгъэр къихьынущ.

8 Дыжьынымрэ дыщэмрэ къыхэщӀыкӀа хьэпшып лъапӀэхэм дэщӀыгъуу, абыхэм я тхьэ нэпцӀхэм я сурэт гъэжахэр нэгъунэ зэщӀикъуэнурэ Мысырым ихьыжынущ. Илъэс заулкӀэ абы ищхъэрэ пащтыхьым и Ӏуэху зэрихуэнукъым.

9 ИтӀанэ ищхъэрэ пащтыхьыр ипщэм и щӀыналъэм теуэнущ, арщхьэкӀэ и хэкум игъэзэжын хуей хъунущ.

10 Абы и къуэхэм зауэм зыхуагъэхьэзыру дзэшхуэ зэхашэнущ икӀи псыдзэ къиуам хуэдэу зрачынурэ, бийм зыщигъэбыда щӀыпӀэм нэсынущ.

11 Ипщэ пащтыхьыр губжьынурэ ищхъэрэм теуэнущ. Мыдрейм дзэшхуэ зэригъэпэщынущ, ауэ ахэр бийм ӀэщӀыхьэнущ.

12 А дзэ фӀыцӀэр зэригъэкӀуэдам ипщэ пащтыхьыр пагэ ирихъунущ. Абы мин куэд зэтриукӀэнущ, арщхьэкӀэ и тепщэныгъэр хуэхъумэжынукъым –

13 ищхъэрэ пащтыхьым япэрейм нэхърэ нэхъ лъэщу нэгъуэщӀыдзэ зэхишэнущ икӀи илъэс зыбжанэ дэкӀа нэужь хуабжьу зэщӀэузэдауэ къытеуэжынущ.

14 А зэманым ипщэ пащтыхьым куэд пэщӀэувэнущ. Къэлъэгъуар зэщӀэн папщӀэ, уи лъэпкъым щыщ Ӏэлхэми зыкъаӀэтынущ, ауэ абыхэм зыри къехъулӀэнукъым.

15 Абы щыгъуэ ищхъэрэ пащтыхьыр къэкӀуэнущ, мывэ къалэр къызэритӀысыхьыну Ӏуащхьэ дрищӀеинурэ, ар иубыдынущ. Ипщэхэр ищхъэрэм пэщӀэтыфынукъым, хэплъыхьа я дзэри пэлъэщынукъым, я къарур яхурикъунукъыми.

16 ЗэрыпхъуакӀуэм зыхуейр ищӀэнущ, зыри абы къытекӀуэнукъым. Хэку гъуэзэджэ жыхуаӀэм зыщигъэбыдэнурэ ар игъэкӀуэдынуи лъэкӀыныгъэ иӀэнущ.

17 Пащтыхьыгъуэ псори лъэгущӀэт ищӀыну и мураду, абы и бийм зэгурыӀуэныгъэ ирищӀылӀэнурэ ипхъур абы щхьэгъусэу иритынущ, игъэунэхъун щхьэкӀэ, арщхьэкӀэ зыри къикӀынукъым, зыхуейр къехъулӀэнукъым.

18 Апхуэдэу щыхъум, ищхъэрэ пащтыхьым хы Ӏуфэм къыбгъэдэлъ щӀыналъэхэм нэ щихуэнурэ, абыхэм ящыщ куэдыр къиубыдынущ, ауэ зы дзэ пашэ гуэр къыпэувынурэ, абы и шынагъэншагъэм кӀэ иритынущ, и напэншагъэри и щхьэм иригъэкӀуэжынущ.

19 Ищхъэрэ пащтыхьыр икӀуэтыжынурэ, и хэкум ит и быдапӀэхэмкӀэ иунэтӀынущ, арщхьэкӀэ хагъэщӀэнурэ, и лъэужьи къэмынэу сэхыжынущ.

20 Абы и пӀэм иувэнум хьэкъулэ хэзых и пащтыхьыгъуэм хиутӀыпщхьэнущ, пщӀэрэщӀыхьрэ зригъэгъуэтын папщӀэ. Заул дэкӀынурэ ари щыӀэжынукъым, ауэ зауэбанэкъым зыхэкӀуэдэнур.

21 Иужьрейм и пӀэ цӀыху мыфэмыц иувэнущ, пащтыхь тахътэр хуэмыфэщауэ. Зэкъуэхуауэ иригъэхьэлӀэнурэ, абы щэхурыпхъуэу пащтыхьыгъуэр зыӀэригъэхьэнущ.

22 Абы дзэшхуэхэр, псым трилъэсыкӀам хуэдэу, игъэбзэхынущ, дин лъапӀэм и Ӏэтащхьэм щӀыгъуу ахэр игъэкӀуэдынущ.

23 Абы зэухылӀэныгъэ иращӀылӀа нэужьи игъэпэжынукъым. И телъхьэхэр куэд мыхъунуми, къару игъуэтынущ.

24 Уащхъуэдэмыщхъуэу щӀыналъэ бэвылъэхэм теуэурэ, и адэми и адэжьхэми яхузэфӀэмыкӀар ярищӀэнущ. Къуентхъхэр – мылъкурэ фӀыгъуэу къихъунщӀахэр и дамэщӀэтхэм яхуигуэшынущ, мывэ къалэхэр зэриубыдыным яужь итынущ, арщхьэкӀэ зы зэманым нэсыхукӀэщ.

25 Къарууэ иӀэр зэщӀикъуэнурэ, дзэшхуэр щӀыгъуу ипщэ пащтыхьым хъыжьэу ебгъэрыкӀуэнущ. Ипщэ пащтыхьым зауэм дзэшхуэ лъэщ къришэлӀэнущ, арщхьэкӀэ Ӏуэху щэху хузэӀуащэнурэ къыхагъэщӀэнущ.

26 И Ӏэнэгъуу щытахэм абы и унагъуэбжэр хурагъэщӀыжынущ, и дзэри, псыдзэм ихьам хуэдэу, ягъэбзэхынущ, зауэм куэд хэкӀуэдэнущ.

27 ПащтыхьитӀми мурад мыгъуэ зэхуащӀауэ зы Ӏэнэ зэдэтӀысынурэ пцӀы зэхуаупсынущ, арщхьэкӀэ я Ӏуэху къехъулӀэнукъым, кӀэухыр къыщысын хуей зэманыр абы щыгъуэкъыми.

28 Ищхъэрэ пащтыхьым мылъкушхуэ иӀыгъыу и лъахэмкӀэ иунэтӀыжауэ гъуэгуанэ здытетым, и гур дин лъапӀэр зыӀыгъ лъэпкъым хуэплъынурэ и мурад бзаджэр зригъэхъулӀэнущ. ИтӀанэщ и хэкум щигъэзэжынур.

29 И пӀалъэр къызэрысу, ар аргуэру ипщэкӀэ зекӀуэ ежьэнущ, ауэ япэрей зэфӀэкӀыр иӀэжынукъым.

30 Кыттим щыщ кхъухьхэр къыпэувынурэ, и гур кӀуэдынущ. ИкӀуэтыжынурэ, и губжьыр дин лъапӀэр зыӀыгъхэм трикъутэнущ, ар ӀэщӀыб зыщӀахэми нэфӀкӀэ еплъынущ.

31 Абы и зауэлӀхэм быдапӀэу Тхьэм и Унэр яуфӀеинурэ махуэ къэс ящӀ къурмэныр щрагъэгъэтынущ икӀи а щӀыпӀэм лъапсэрыхыр къыхуэзыгъэкӀуэн гущыкӀ теплъэ зиӀэ щагъэувынущ.

32 Дин лъапӀэр ӀэщӀыб зыщӀахэм бзэӀэфӀ захуищӀурэ, ахэр къигъэӀулэнущ, ауэ Тхьэм хуэпэжхэр абы быдэу къыпэщӀэтынущ.

33 Уи лъэпкъым щыщ цӀыху Ӏущхэм куэд яущиинущ, ауэ ахэр зы зэманкӀэ ямыгъэпсэууэ щӀахуэнущ – джатэкӀэ яукӀынущ, мафӀэкӀэ ягъэсынущ, гъэр ящӀынущ, яхъунщӀэнущ.

34 Абы щыгъуэми ахэр дэӀэпыкъуэгъуншэ дыдэу къэнэнукъым, ауэ куэдыр фэрыщӀу абыхэм къагухьэнущ.

35 Ӏущхэм ящыщ языныкъуэхэр псэдзыгъэу кӀуэдынущ. Апхуэдэ гъэунэхуныгъэхэм ахэр, дыщэр ягъэткӀуу зэракӀыщтэжым хуэдэу, нэхъ къабзэж ящӀынущ, иужь зэманыр къэсыхукӀэ – кӀэух сыхьэтыр иджыри къэсакъыми.

36 Пащтыхьым зыхуейр ищӀэнущ. Хуабжьу зигъэпагэу, сыт хуэдэ тхьэми ефӀэкӀыу зыкъилъытэжынущ, зэи къызэрымыхъуауэ, нэмысыншэу, тхьэхэм я Тхьэжым жьэ бзаджэ хузэщӀихынущ. Тхьэм и губжьыр мытӀысыжыху, абы зыхуейр къехъулӀэнущ, Тхьэм иухар къэхъун хуейщи.

37 Абы сыт хуэдэ тхьэри къыфӀэӀуэхунукъым, и адэжьхэм я тхьэхэри цӀыхубзхэм фӀыуэ ялъагъу тхьэри зыуи къридзэнукъым, езым а псом нэхърэ нэхъ лъагэу зилъытэнущ.

38 Абыхэм я пӀэкӀэ, и адэжьхэм ямыдэу щытам, быдапӀэхэм я тхьэм, пщӀэшхуэ хуищӀынущ, дыщэкӀи, дыжьынкӀи, налкъутналмэсхэмкӀи, дунейм тет фӀыгъуэхэмкӀи хуэупсэу игъэлъэпӀэнущ.

39 Хамэтхьэм и дэӀэпыкъуныгъэкӀэ быдапӀэ нэхъ лъэщ дыдэхэр зэхикъутэнущ. Езыр зылъытэхэм пщӀэшхуэ яхуищӀурэ, куэдым я Ӏэтащхьэу тригъэувэнущ, саугъэт папщӀэуи щӀыналъэхэр яхуигуэшынущ.

40 КӀэух зэманхэм абы ипщэ пащтыхьым зауэ кърищӀылӀэнущ. АрщхьэкӀэ ищхъэрэ пащтыхьыр, борэным хуэдэу, шыгу жэрхэр, шухэр, кхъухь Ӏэджэр щӀыгъуу, ипщэм тезэрыгуэнущ. Къэрал зэмылӀэужьыгъуэхэми псыдзэм хуэдэу ар ирикӀуэнущ.

41 ЩӀыналъэ гъуэзэджэми ар ихьэнущ, куэдыр хигъэщӀэнущ; абы къелынухэр Едомей, МоӀэбей хэкухэмрэ Амон лъэпкъым и нэхъыбапӀэмрэщ.

42 Абы и тепщэныгъэм къэрал зэмылӀэужьыгъуэхэм зыщригъэубгъунущ, Мысырри абы къелынукъым.

43 Мысырым дыщэуи дыжьынуи яӀэр, я хъугъуэфӀыгъуэ псори, я къулеигъэри абы зыӀэщӀилъхьэнущ, ливий, куш лъэпкъхэри лъэгущӀэт ищӀынущ.

44 Ауэ къуэкӀыпӀэмрэ ищхъэрэкӀэ къикӀыну хъыбархэм ар ягъэгузэвэнурэ, и нэм щӀы имылъагъужу къагъэгубжьынущ икӀи куэдыр хьэлэчыпцӀэ зэтрищӀэну, лъапсэрыхыр къахуигъэкӀуэну ежьэнущ.

45 Абы и пащтыхь шэтырхэр хымрэ бгы лъапӀэ гъуэзэджэмрэ я зэхуакум щигъэувынущ. АрщхьэкӀэ езым кӀэ игъуэтынущ, зыри абы къыдэӀэпыкъунукъым.

© Институт перевода Библии, 2009, 2018, 2021

Institute for Bible Translation, Russia
Následuj nás:



Reklamy